Музей щIыхьэхухэр зэпыуркъым

Налшык къалэм дэт, Вовчок Марко и цIэр зезыхьэ Литературэ музейм хабзэу щызэфIэувауэ илъэс къэс щрагъэкIуэкI щIыхьэхур иджыблагъэ зэхэтащ. Зи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ лъэужь дахэ къэзыгъэна бзылъхугъэ тхакIуэм и фэеплъыр зыхъумэ тхылъеджэхэм яIэщIэхуркъым абы ди щIыналъэм хуиIа лъагъуныгъэр, къызыхуриджэу щыта гурыщIэ къабзэр.
Илъэс къэси хуэдэу, Литературэ музейм къыщызэхуэсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Хъарзынэщым и лэжьакIуэхэмрэ «Днипро» украин лъэпкъ щэнхабзэ центрым хэтхэмрэ Iэгъуэблагъэр къызэщIагъэкъэбзащ, жыгхэр яухъуэнщIащ, екIуэлIапIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ зэщIэзыщта удзыжьхэр къахащ, пхъэнкIийр Iуахащ. 
Вовчок Марко къигъэна уэсятым ипкъ иткIэ зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъуу щыта кхъужьеижьым деж щыщIалъхьэжащ. Кхъужьейхэр ди нобэхэм къэсакъым, ауэ абы ипIэкIэ ягъэтIыса жыгыщIэхэр кхъащхьэм и хъуреягъкIэ уэру щокI. Мис а кхъащхьэм тет мывэ сыныр къратхьэщIэха нэужь, абы и хъуреягъкIэ къыщыкI жыгхэм сэху иратащ, жыгыщIэ цIыкIухэр ягъэтIысащ.
Музейм и пщIантIэ кIуэцIыр зыхуей хуагъэза нэужь, щIыхьэхум и жэрдэмщIакIуэхэм унэ кIуэцIри зэлъыIуахащ. ГъэлъэгъуапIэ пэшым щахъумэ щэкIхэкI хьэпшыпхэм жьы щIрагъэхуащ, сурэтхэмрэ тхылъхэмрэ зэпалъэщIыхьащ. Пэш кIуэцIым щIэт нэхугъэр нэхъыбэ ящIу, блынджабэхэм сэху иратащ, лъэгур къралыкIащ.
ЖэрдэмщIакIуэхэм щIыхьэхур шеяфэ зэхэс дахэкIэ яухащ. Абы иужькIэ «Днипро» центрым и лэжьакIуэхэм музейм тыгъэ дахэ хуащIащ – IэкIэ хэдыкIа алэрыбгъу щIагъуэ музейм и хъумакIуэ, и унафэщI Лэжьэрей Инессэ иратащ.
«ЩIыхьэху жэрдэмыр къыщыхэтлъхьэм дэ дегупсысырт зи фэеплъыр тхъумэ цIыхубз щыпкъэм и цIэр нэхъыбэм зэралъэдгъэIэсыным, абы и IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэ заредгъэгъуэтыжыным. Пэжщ, тхылъ еджэр хэпщIыкIыу мащIэ хъуащ. Иджы къытщIэувэ щIалэгъуалэр интернетым исщ, я нэхъыбэр щыгъуазэми, зыхащIыкIыр тхакIуэм и щIэиным щыщу зы пычыгъуэ мащIэщ. Ауэ щыхъукIэ, ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм я гъащIэ псор зытрагъэкIуэдар къэкIуэным щыпсэуну цIыхубэм я зэIузэпэщыныгъэрщ, мамырыгъэм и пщIэр зэхащIыкIыу, ар къызыхэкIыр ящIэу псэуным хуэунэтIынырщ. Иджырей жыIэкIэкIэ жыпIэмэ, Вовчок Марко революционерщ. Ауэ абы цIыхур хужьрэ плъыжьу зэхидзу, хужьымрэ фIыцIэмрэ зэпэщIигъэувэу щытакъым. Дунейр къызэригъэщIрэ цIыхум фIыр къелъыхъуэ, ем къызэрыпекIуэкIын Iэмалхэр къеулъэпхъэщ. Апхуэдэт Вовчок и псэукIэри. Абы, икIэм-икIэжым, къигъуэтар къэлэмыращ, абыкIэт абы цIыхум и псэукIэр иригъэхъуэжыну зэрыхэтар, фIыр дунеягъэм тепщэ щищIыну зэрыхущIэкъуар. КъемыхъулIауи пхужыIэнукъым. КъигъэщIар мащIэ дыдэми, лъэужь дахэ къигъэнащ. Къэбэрдейм къыщыкIуами, абы и еплъыкIэхэр зэрызахуэм щыхьэт хуищIащ къыздэкIуа щIыналъэм и дахагъыр, щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку илъ зэхущытыкIэхэр. ЩIыхьэхур тхакIуэм и фэеплъыр къызэрыхэдгъэщ Iэмалу аращ, ауэ лъэужьыфIэу къэпсэуа, гуащIафIэу дунейм тета цIыхум и фэеплъыр езым и IэкIэ зэрищIыжым шэч хэлъкъым. Армырмэ, дэнэ щытщIэнт Вовчок и тхыдэр», – жиIащ «Днипро» щэнхабзэ центрым и унафэщI Харенкэ Светланэ.
Музейм тыгъэ хуащIа алэрыбгъум и гугъу щищIым абы къыхигъэщащ я зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэкIэ ящIа гуэр хъарзынэщым къыщIанэну зэрыщIэхъуэпсыр. «Дэ дыхущIэкъуащ музейм къыщIэднэну ди гуащIэдэкIыр ауэ сытми ди IэкIэ тщIа IэщIагъэ гуэру щымыту, ди лъэпкъыщхьэр къыхэщу, дахагъэрэ цIыхубэ нэщэнэхэмкIэ узэдауэ тщIыну, дыхуейт а IэщIагъэр тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ узыншэхэм я купщIэм пэджэжу щытыну. ДызэригугъэмкIэ, а гуращэр зэдгъэхъулIащ», - жиIащ Харенкэ.
Апхуэдэу абы къыхигъэщащ мыгувэу шыкIуртIымщэху жыгыщIэ зыбжанэ къашэу зэрыхасэнур. «Ар зи цIэ къизыIуэну хуэмея, Вовчок Марко и IэдакъэщIэкIхэм пщIэ хуэзыщI щIалэфI гуэрым къыбгъэдокI», – жиIащ.
 Лэжьэрей Инессэ щIыхьэхум и жэрдэмщIакIуэ хъуахэми, гукъыдэж ящIу къыхыхьахэми фIыщIэ яхуищIащ. «Илъэс зыбжанэ хъуауэ «Днипро» зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэр щIыхьэхум жану къыхохьэ. Къыхыхьэ къудейкъым, Iуэхубэ зэфIагъэкI. Музейм и лэжьакIуэхэм я къару мащIэкIэ яхузэфIэмыкIын куэд абыхэм я фIыгъэкIэ зэфIэгъэкIа мэхъу. Гулъытэншэ дащIыркъым, цIыху дыщагъащIэркъымм. Вовчок Марко ди щIыналъэм хуиIа лъагъуныгъэр къыпхуэмылъытэну инщ. Мы щIыпIэхэм ущалъхуауэ ар зыщыбгъэгъупщэнкIэ Iэмал зимыIэщ. ЩIыхьэху цIэр иIэу дызэхуэсми, иужькIэ едгъэкIуэкI пшыхьхэм хуэдэхэр зрамыщIэкI тхакIуэхэр куэдщ. Абы и лъэныкъуэкIэ жыпIэмэ, музейм и къалэнхэр нэсу игъэзащIэу жыпIэ хъунущ. Гулъытэншэу дыкъэзымыгъанэ псоми фIыщIэ яхудощI», – жиIащ Лэжьэрейм.
Мы унэ-музейм и закъуэщ тхакIуэм и фэеплъу ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щыIэр. Вовчок и щхьэгъусэ Лобач-Жученкэ Михаил и гъусэу Налшык къалэм  1906 гъэм и гъатхэм къэIэпхъуат, зэпымыууэ щыпсэуну. ПсэупIэу къыхахари Долинск и Iэгъуэблагъэрщ. АрщхьэкIэ тхакIуэр Налшык куэдрэ щыпсэуакъым. 1906 гъэм и кIэхэм ар сымаджэ хьэлъэ хъури, дунейм ехыжащ. Илъэс куэд дэкIа нэужьщ, 1954 гъэрщ, абы мывэ скъар щыхуагъэувар. Абы и Iуэху еплъыкIэхэр, и гупсысэкIэхэр, къиIэт Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэн зыщымыхъу куэд а лъэхъэнэм псэуа интеллигенцэм яхэтакъым. Абы къыкIэлъыкIуэрт, щIэх-щIэхыурэ къыхуэтхэрт Тургенев Иван, Шевченкэ Тарас, Писемский Алексей, Анненков Павел, нэгъуэщIхэри.
ТхакIуэр ди щIыпIэм фIыуэ зэрыщалъагъум и щыхьэтщ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыщIэкIа, «Вовчок Марко и иужьрей егъэзыпIэр» («Последний приют Марко Вовчок») зи фIэщыгъэ тхылъыр. Вовчок и тхыгъэхэр адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи зэрадзэкIащ, тхылъ щхьэхуэуи дунейм къытехьащ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: