Накъыгъэм и 29-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щагъэлъэпIащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуар. ЩIэныгъэлI щыпкъэм и цIэкIэ зэхаша дауэдапщэм къеблэгъат абы къыдэлажьэхэр, иригъэджахэр, и ныбжьэгъухэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБКъУ-м и проректор Хъурей Арсен. Абы къыхигъэщащ Щхьэгъэпсом и щIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ Кавказми, Урысейми, къэралщIыбми къызэрыщацIыхур, ар БотаникэмкIэ урысей зэгухьэныгъэм и президентым и къуэдзэу зэрыхахар, и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэми мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
Сэфарбий университетым зэрыщIэтIысхьэ лъандэрэ зыцIыхухэм ягу къагъэкIыжащ ар студент жыджэру, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу зэрыщытар.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутат, щIэныгъэлI, къулыкъущIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэ бжыгъэншэхэм я унафэщI, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ, академием къыдигъэкI журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ… Си фIэщ хъуркъым Щхьэгъэпсо Сэфарбий зэдихь къалэнхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ апхуэдэу екIуу зэзыгъэзэхуэфын щыIэу. Ар сытым дежи жыджэрщ. Сэфарбий илъэс къэс къызэрегъэпэщ ботаникэмкIэ, экологиемкIэ, биоресурсхэмкIэ щIэныгъэ зэIущIэхэр. Гу лъывэзгъэтэнут иужьрей илъэситIым къриубыдэу Щхьэгъэпсом тхылъи 8 зэритхам, щIэныгъэм зэрыхэтрэ лэжьыгъэ 800-м щIигъу и Iэдакъэ къызэрыщIэкIам. Ахэр екIуу къызэрехъулIэм и щыхьэту, Сэфарбий фIыщIэ, щIыхь тхылъ бжыгъэншэхэмрэ медаль зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къыхуагъэфащэ. СызэреплъымкIэ, рекордхэмкIэ Гиннессым и тхылъым иратхэм хуэдэщ ар! - жиIащ биологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ ХьэтIыхъу Iэубэчыр.
Псалъэ гуапэ куэд жиIащ КъБКъУ-м биологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Пэрыт Анзор.
- Сэ еджапIэм сыщыщIэтIысхьам Щхьэгъэпсор биологиемкIэ къудамэм и унафэщIт. Ар студентхэм, зэрыхузэфIэкIкIэ, къыддэIэпыкъуу, къуажэ пхыдза къикIахэр гулъытэншэ имыщIу, защIигъакъуэу, цIыху гуапэу, щIэныгъэлI лъэщу сигу къинэжащ. Абы цIыхугъэшхуэ хэлъщ, Iуэхушхуэ куэд зэдихьми, псори нэгъэсауэ зэфIегъэкI. Ар гъэщIэгъуэнщ. Сэфарбий КъБР-м щIэныгъэхэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министр къулыкъур къыхуагъэфэщауэ университетым щыIукIым и пIэкIэ сыкъигъэнауэ, нобэр къыздэсым биологие къудамэм и декану солажьэ. Ари зи фIыгъэр Сэфарбийщ. Хуабжьу сыщыгуфIыкIащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы университетым къигъэзэжауэ егъэджакIуэ пажэу, нэхъыжьыфIу къызэрытхэтым. Щхьэгъэпсом и ехъулIэныгъэхэмрэ къыхуащI пщIэ лъагэмрэ кIыхьу утепсэлъыхьыфынущ, а псоми дэ фIыуэ дыщыгъуазэщ. Сыхуейт Сэфарбий узыншагъэ быдэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу иджыри куэдрэ къытхэтыну сехъуэхъуну, - жиIащ Пэрытым.
Зи махуэр зыхуагъэлъапIэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ я кандидат лэжьыгъэхэр Щхьэгъэпсом и нэIэ щIэту пхызыгъэкIа щIэныгъэлIхэм, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президентым и чэнджэщэгъу Бэлахъуэ Олег, КъБР-м и Парламентым и депутат Алтуев Аслъэн, лъахэхутэ Котляров Виктор, нэгъуэщIхэми.
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэ Дым Елдаррэ Къул Ланэрэ.