Я щхьэ хуэлэжьэжхэр нэхъыбэ мэхъу

Урысейм хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ (МСП) щылажьэ IэнатIэхэм я бжыгъэр, иужьрей дыдэу къэгъэщIэрэщIэжа реестрым къызэрыщыхэщымкIэ, мелуани 6,56-м щIигъуащ. Мыпхуэдэ бжыгъэхэр къэралым щыяпэщ. 

Абы къыдэкIуэу, налог хэзых IэнатIэхэм я щхьэ хуэлэжьэжыну зыщезыгъэтхахэми я бжыгъэр цIыху мелуани 10,2-м зэрынэхьэсащ. Мыдрейуэ, хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэ зэпытым 2024 гъэми пищащ. Псалъэм папщIэ, 2022 гъэм елъытауэ, 2023 гъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хэтхэм я бжыгъэм проценти 5,9-кIэ къыхэхъуащ е мелуани 6,35-рэ ар къэралым щыхъуащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрми иужьрей илъэситхум хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм фIыуэ къыхэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ пэрыт IэнатIэхэм я бжыгъэр 3775-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи, 2024 гъэм накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу ар 22271-м нызэрыхьэсащ. А бжыгъэм щыщу 5808-м юридическэ лицоуэ зрагъэтхащ, 16463-р уней IуэхущIапIэщ. 
Апхуэдэуи, дызэрыт илъэсым накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэр цIыху мин 74-м нэблэгъащ, абы щыщу 72,5-р физическэ лицощ, 1,5-р уней IуэхущIапIэщ. 
Къыхэдгъэщынщи, республикэм я щхьэ хуэлэжьэжыну зыщезыгъэтхахэми я бжыгъэм фIыуэ къыхэхъуащ: 2020 гъэм ахэр псори зэрыхъуар цIыху мин 1,5-м щIигъущ.
Иужьрей илъэситхум ди щIыналъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэ цIыхухэм я бжыгъэми хуэди 2,5-кIэ хэхъуащ икIи нобэкIэ ар мини 105,5-м нызэрыхьэсащ.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: