Нэрымылъагъу дэIэпыкъуэгъухэр![]() ЦIыхум и гугъэщ вирусхэр, бактериехэр, Iэгъэбэгухэр зэран къыхуэхъу зэпыту, абыхэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр хахыу, уеблэмэ уаукIыу. Ауэ щыIэщ бактерие лIэужьыгъуэхэр, ар Iэпкълъэпкъым хэмытмэ цIыхум и гъащIэр гугъусыгъу хъууэ. Абыхэм ящыщщ бифидобактерие жыхуэтIэхэмрэ лактобактериехэмрэ. Бифидобактериехэмрэ лактобактериехэмрэ зыр адрейм зэран хуэмыхъуу, я зэран цIыхуми емыкIыу къогъуэгурыкIуэ. Ахэр япэ дыдэу къыщахутар 1681 гъэрщ. Микроскопыр къэзыгупсысахэм ящыщ Левенгук Антони хуигъэфэщауэ щытащ, а бактериехэм къищынэмыщIауэ, цIыхум и лъатэм нэгъуэщI гуэрхэри ису, ауэ абы щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIар 1888 гъэрщ. ИужьыIуэкIэ, 1916 гъэм, нэмыцIэ къэхутакIуэ Ниссле Альфред къитIэщIащ а бактерие лIэужьыгъуитIым языхэз Iэпкълъэпкъым къемэщIэкIмэ е зэран хъу бактериехэр куэд къызэрыгъэхъуамэ, дисбактериоз жыхуаIэ узыфэр къызэрыхэкIыр. Бифидобактериехэмрэ лактобактериехэмрэ зэпэшэчауэ кIэтIийм зэрисыр гъэщIэгъуэныщэщ. Процент 95-р бифидэм хуозэ, мыдреи 5-р лактобактериещ. Бифидэм цIыхум ишхар яшхыжри, Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ аминокислота, белок, витамин зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIегъэкIыж. Абы и закъуэ мыхъуу, сэбэпышхуэ зыпылъ а белокхэр, витаминхэр, минералхэр Iэпкълъэпкъым вэгъзэгъыу изэгъэнымкIэ, жэуап зыхьри ар дыдэрщ. ЕтIуанэр – лактобактериехэр – цIыхум и Iум къыщыщIэдзауэ, и тэмакъми, лъатэми, кIэтIийми, кIэтIий гъумми, куэтэнми, лъхуалъэми, кIэщIу жыпIэмэ, икIыхьагъкIэ Iэпкълъэпкъым исщ. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр лактозэр (гъэшым хэлъ углевод хьэлъэ лIэужьыгъуэщ) зыгъэткIу фермент къэгъэщIынымрэ зэран хъу бактериехэр укIынымрэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
29.08.2026 - 12:41 →
Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ
| ||





