Джэш хъурейм щIадзэнущ![]() Тэрч щIыналъэм щоужьэрэкI гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм икIи ахэр и кIэм нэблэгъащ. ЩIыпIэ администрацэм мэкъумэшымкIэ, муниципальнэ мылъкумкIэ, щIы зэхущытыкIэхэмрэ щIыуэпсыр фейдэ пылъу къэгъэсэбэпынымкIэ и управленэм и унафэщI Шэрий Юрэ иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэсым гъавэ хащIэну хухахащ гектар 48 580-рэ. Абы щыщу гектар 8960-м щIигъум бжьыхьэсэр тращIащ: гуэдзыр гектар 8100-м, рапсыр – гектар 700-м, нэгъуэщI къэкIыгъэхэр – гектари 163-м. Мы гъэм гъатхасэм хухаха щIым щыщу гектар 39617-м жылэхэр халъхьащ, е хасэну зытраухуам и процент 81,6-м. Абы щыщу гуэдзымрэ джэшымрэ ирагъэубыдащ гектар 30856-рэ, Iэщым ирагъэшхыну къэкIыгъэ щхъуантIэхэм – гектар 6272-рэ, кIэртIофым – гектар 950-рэ, хадэхэкIым – гектар 1540-м нэблагъэ. ХадэхэкIхэм нэмыщI, щIыналъэм къыщагъэсэбэп жылапхъэхэр къэралым къыщагъэкIахэрщ. Бжьыхьэсэм щыIэ мэкъумэш хабзэхэм тету кIэлъоплъ, щIыгъэпшэрхэр ирикъуу щIалъхьэ. Апхуэдэу щытми, иужьрей махуэхэм щIыналъэм щыщыIа щIыIэм и зэран къэкIыгъэхэм екIащ, гъатхасэми зымащIэкIэ лъэIэсащ. ТхьэмахуитI хуэдиз дэкIмэ, Тэрчым и мэкъумэшыщIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу, мыгъэрей джэш хъурейр Iухыжыным яужь ихьэнущ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 12:01 →
Бахъсэн къалэр ягъэдахэ
11.11.2025 - 11:00 →
Псы къабзэм егугъуу
09.11.2025 - 11:20 →
ЩIалэщIэм и мурадхэр
| ||




