Губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым топсэлъыхь![]() Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Патрушев Дмитрий УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Видео зэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIыналъэхэм зэрыщеужьэрэкIым, иужьрей тхьэмахуитIым дунейр нэхъ щIыIэ къызэрыхъуам хьэсэхэм зэраныгъэ иратарэ ирамытарэ. Патрушев Дмитрий къызэрыхигъэщамкIэ, губгъуэ лэжьыгъэхэр къэралым и щIыналъэ псоми иджыпсту щокIуэкI икIи нобэкIэ гъатхасэр гектар мелуан 25-м тращIащ. Ар къалэну мы гъэм зыхуагъэувэжам и зэхуэдитIым ноблагъэ. Ауэ мы махуэхэм языныкъуэ щIыналъэхэм къыщытезыгъэзэжа щIыIэр зэран зыхуэхъуахэри щыIэщ. Абы хэтщ Центральнэ, Приволжскэ округхэр, Волгоград, Ростов областхэр. Патрушевым а щIыналъэхэм я унафэщIхэр къыхуриджащ епIэщIэкIыу гъавэр щIэрыщIэу трасэжыну, абы щхьэкIэ щыIэ агротехнологие пIалъэхэм фIамыгъэкIыу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыIэр гъавэм зэран къызэрыхуэхъуа щыIэкъым, ауэ губгъуэ лэжьыгъэхэр тIэкIу къызэтрагъэувыIэн хуей хъуами, зыхуагъэувыжа пIалъэм ирихьэлIэу ахэр зэфIагъэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:30 →
IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
| ||





