БгылъэрызекIуэхэм я зэхьэзэхуэУрысейм и бгылъэрызекIуэхэм я зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 8 – 12-хэм ди щIыналъэм бгылъэм щызекIуэну зыфIэфIхэмрэ альпинизмэм дихьэххэмрэ я зэхьэзэхуэ щызэхэтынущ. «Урысейм и къуршхэр. Iуащхьэмахуэ-2024» зыфIаща Iуэхугъуэр Жантыгъуэн бгылъэмрэ Тырныауз и Iэгъуэблагъэм щыIэ къуршхэмрэ щекIуэкIынущ. Къыхэгъэщын хуейщ спорт лIэужьыгъуитIым зы утыкур зэдаугуэшу зэи иджырей тхыдэм къызэрыщымыхъуар. Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэр и щIэгъэкъуэну БгылъэрызекIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ Альпинизмэм дихьэххэм я зэгухьэныгъэмрэ къыхалъхьа жэрдэмыр япэ пэхуэщIэщ. Мы далэм ирихьэлIэу Iуэхугъуэм хэтыну хуейуэ цIыху 280-м хъыбар къатащ. Абы кърихьэлIэнущ Калининград къыщегъэжьауэ Амур Iуфэ Iус Комсомольскрэ Камчаткэ щыIэ Петропавловскрэ нэсыхункIэ бгым щызекIуэну зыфIэфI куэд. Псори зэхэту абы къекIуэлIэнущ Урысейм и къалэ 54-м я лIыкIуэхэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэхьэзэхуэм хэтыну хуитщ зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуа дэтхэнэ бгылъэрызекIуэри. Абы къегъэлъагъуэ жэрдэмщIакIуэхэр спортым егъэщIылIахэм къищынэмыщIауэ, щIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу, дунейм и къэхъукъащIэхэм зыIэпашэу япэу лъэбакъуэ зыч дэтхэнэми зэрапэплъэр. Бгылъэм зэи щыземыкIуахэм папщIэ а Iуэхум щыхуагъэсэну еджапIэ къызэрагъэпэщынущ, зыхуэныкъуэну Iэмэпсымэхэри хьэхуу ятынущ. Ауэ зэхьэзэхуэм гулъытэшхуэ щIигъуэтыр бгылъэ зыдэкIыгъуейхэмрэ къурш задэхэмрэ куэдрэ кIэрыхьа спортсмен цIэрыIуэхэр къызэрырихьэлIэнурщ. Зэхьэзэхуэр махуитхукIэ екIуэкIынущ. А щIыпIэхэм абы папщIэ лъагъуэхэр пхашащ, гъуэгухэр тралъхьащ. Псори иджырей мардэм тету къызэгъэпэща хъуащ, щызекIуэнухэмкIэ шынагъуэ щыIэкъым. Я нэгу зрагъэужьын, я къэухьым зрагъэубгъун къудейм къыщымынэу, мыбдеж наIуэ щыхъунущ зи къарур жыжьэ нэсхэр. Абыхэм папщIэ зэхьэзэхуэм текIуэхэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ я увыпIэхэр щыIэнущ, фIыщIэ тынхэмрэ щытхъу тхылъхэмрэ ягъэхьэзыр. Зэпеуэ щыхъукIэ, спорт Iуэхугъуэхэр Iэмалыншэу хэтынущ. Апхуэдэу дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм щIэзэууэ балл бжыгъэ пыухыкIахэр къахьын папщIэ, хьэрхуэрэгъу зэхуэхъухэм къурш лъагъуэ кIэщIу 300, бгылъэ гъуэгуу 60, нэхъ гугъужу 15-20 хуэдиз къызэраныкIыну къапэщылъщ. Бгы лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ метритху я лъагагъщ. КIэрыхьэгъуэм пэмылъэщу зыгуэркIэ бгылъэрызекIуэр къыр дзакIэм е бгы пэум къыфIэхумэ, шынагъэм щызыхъумэ кIапсэхэр бгы нэкIум къехыу фIэлъынущ. Нэхъ гугъу дыдэхэм бгылъэрызекIуэхэм я лъагъуэ гъэгугъуам хуэдэу щы-плIы къызэранэкIыну къапэщылъщ. Абы тIурытIурэ кIэрыхьэнуращ, и лъагагъри метри 100-м щIегъу. Спортыр – узыншагъэщ. Ауэ зэрыкъэралу зэхуэзышэс Iуэхугъуэм ди щIыпIэхэм я цIэр фIы и лъэныкъуэкIэ игъэIунущи, гуапэщ апхуэдэ гулъытэ Iуащхьэмахуэ лъапэ зэригъуэтыр. Жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм Iуэху махуэ ирахьэжьэну ди гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
02.12.2024 - 16:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэрыр япэ итщ
30.11.2024 - 10:55 →
Дзэ автомашинэхэр ягъэлъагъуэ
25.11.2024 - 17:52 →
КIэртIофыр мэбагъуэ
|