ЯдоIэпыкъу, ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкI

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Хуснуллин Марат Урысейм къыхэхъуэжа щIы­налъэщIэхэм я инфраструктурэм епха проектхэр зэрыщагъэзащIэм теухуауэ иригъэкIуэ­кIа ви­деоконференцым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. 

Дызэрыт илъэсымрэ абы къыкIэлъыкIуэмрэ зэлэжьынухэр зэраубзыхуам ипкъ иткIэ, Хуснул-лин Марат тепсэлъыхьащ республикэ щхьэхуэхэм я нэIэ щIэт щIыпIэхэм зэрадэIэпыкъу щIыкIэм: 
«Урысейм щыщ хъужа щIыпIэщIэхэм нобэрей IуэхукIэ щIыналъэ 82-рэ ядоIэпыкъу. Зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр нэхъ нэгъэсауэ гъэзэщIа хъун ­папщIэ, 2030 гъэ пщIондэ социально-экономикэ лъэныкъуэм щызэфIэдгъэкIыпхъэхэм и унафэ дымыщIу хъунукъым. Абы къыхэкIыу, Ухуэны­гъэмкIэ министерствэм программэ псори зэригъэуIуну солъэIу, щIыналъэ-дэIэпыкъуэгъухэмрэ къэ­ралым ит IуэхущIапIэ инхэмрэ я лэжьыгъэри къызэщIиубыдэу, а псори лъэпкъ проектхэм ет­пхыфын хуэдэу. 
КъищынэмыщIауэ, ДНР-м, ЛНР-м, Херсон, Запорожскэ областхэм ядэIэпыкъухэм гу лъезгъэтэну сыхуейщ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм пыщIа ухуэныгъэхэр гъэ еджэгъуэр къэмыс щIы­-кIэ зэрызэфIагъэкIыпхъэм, бжьыхьэ-щIымахуэ лъэ­хъэнэм епха лэжьыгъэхэри гувэ хъунукъым». 
УФ-м ухуэныгъэмкIэ и министр Файзуллин Ирек къэралым щыщ хъужа щIыпIэщIэхэм лэ­жьыгъэр зэрыщекIуэкIым тепсэлъыхьащ. «Ды­зэрыт илъэсым и закъуэ ДНР-м, ЛНР-м, Запо­рожскэ, Херсон областхэм щыIэ объект 3516-рэ зэрагъэпэщыжащ. Фэтэр куэду зэхэт унэхэр, узыншагъэм, егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэр, ­гъуэгухэмрэ цIыхубэр зыхуей-зыхуэныкъуэр ща­гъуэтхэмрэ хеубыдэ абыхэм. Гулъытэ хэха худощI сабий садхэмрэ школхэмрэ зэдгъэпэщыжыным: нобэкIэ IуэхущIапIэ 435-м апхуэдэ лэжьыгъэ ­щокIуэкI». 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр Херсон областым щыщ район зыбжанэм ядоIэпыкъу цIыхухэр зыщыпсэу унэхэмрэ абыхэм епха инфраструктурэмрэ зэфIэгъэувэжынымкIэ. 2023 гъэм ухуэныгъи 5 зэрагъэпэщыжакIэщ. Ды­зэрыт илъэсым зэлэжьхэр 6 мэхъу - сабий Iыгъы­пIитI, фэтэр куэду зэхэту унитI, сабий джэгупIитI. Лэжьыгъэ псори и чэзум нагъэсынущ. 
2030 гъэ пщIондэ республикэм и мылъкум къы­хэкIыу иджыри объект 17 зэIузэпэщ ящIынущ. 2025 гъэ пщIондэ зэлэжьынухэм епха зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIакIэщ. Нобэрей IуэхукIэ ирахьэлIэнухэр ягъэхьэзыр. 
КъищынэмыщIауэ, Херсон областым зэпыу имыIэу КъБР-м IэщIагъэлI бригадэ щолажьэ ­къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм хузэпэщу. 
«Мы лэжьыгъэ псори зыхуей хуэзауэ, зэтеублауэ йокIуэкI. ТлъэкI къэдгъэнэнукъым ди нэIэ щIэт щIыпIэхэм щыпсэухэм я псэукIэр тэмэму зэтеу­блэжа хъун папщIэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Поделиться: