МэкъумэшыщIэхэмрэ щIымрэ

Республикэм и щIыналъэхэм бжьыхьэсэ гъавэр Iухыжыным щоужьэрэкI. ИпэIуэкIи хъыбар зэрывэдгъэщIащаи, псом япэу мэкъумэш техникэр губгъуэм изышар Прохладнэ районым и мэкъумэшыщIэхэрщ. Ауэ абыхэм куэдкIэ закъыкIэрагъэхуакъым Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыIэ «Албир» мэкъумэш кооперативым и лэжьакIуэхэми. 
Зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и унафэщIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и фермер зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м и фермерхэмрэ мэкъумэш кооперативхэмрэ я зэгухьэныгъэм и советым хэт Алэкъей Иналщ. 

- Мы гъэм бжьыхьэсэм едгъэубыдащ гектар 360-рэ, абы и Iыхьэ щанэм гъавэр къытетхыжакIэщ, - жеIэ «Албир»-м и унафэщIым. - Апхуэдэу пасэу щхьэ щIэддзэн хуей хъуа? Абы и щхьэусыгъуэр зыщ: Шэджэм щIыналъэм, адрей илъэсхэм елъытауэ, гъатхэр тхьэмахуитIкIэ япэ къищащ мы гъэм. АтIэ, фэ зэрыфщIэщи, гъавэ къепхьэлIэжынум и бэвагъыр дунейм и щытыкIэм куэдкIэ елъытащ. 
Псалъэм къыдэкIуэу, нэгъабэрей бжьыхьэсэ гуэдзыр Iутхыжыным дыщыпэрыхьауэ щытар бадзэуэгъуэм и 8-рщ, мы гъэм – мэкъуауэгъуэм и 24-м. Дунейм и дэтхэнэ зэманми и щытыкIэм и хабзэ иIэжщ, дэ ди къалэныр абы дыпхрыплъыфу, къытхуихьыр къыдгурыIуэу, ар къытхуэгъэсэбэпу дыщытыфынырщ.
Абы нэмыщI, губгъуэ лэжьыгъэм, гъавэ Iухыжыгъуэми мэкъумэш-техникэ хабзи яIэжщ. Мис абыхэм гупсысэ хэлъу узэрыбгъэдыхьэм куэдкIэ елъытащ гъавэ Iупхыжынум и куэдагъымрэ фIагъ иIэнумрэ.
Нэгъабэ къыщыщIэдзауэ бжьыхьэсэ гуэдз жылапхъэу къэдгъэсэбэпыр Урысей Федерацэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и къудамэу КъБР-м щыIэ, МэкъумэшымкIэ институтым къыщагъэхъуахэрщ. Къэдгъэсэбэпри «Памяти Шатилова», «Таулан» лIэужьыгъуэхэрщ. А гуэдз жылапхъэхэм гъавэ бэв къуат хабзэщ, абы нэмыщI, мыхьэнэшхуэ зиIэщи, Шэджэм щIыналъэм и щIым ахэр фIыуэ хеубыдэ. 
Япэ Iухыжыгъуэхэм наIуэ къэхъуащ ику иту гъавэ бэв абыхэм къызэратыр. Абы щыхьэт техъуащ «Албир»-р щатха, «Жылэ» къэрал информацэ системэм къигъэлъэгъуахэри. Мыгъэрей гуэдзыр ГОСТ-м и мардэм къотIасэ, быдагъ иIэмкIи 3-нэ классым хокIуэ, абы къикIращи, хьэжыгъэ къыхэпщIыкIыну бэлыхьщ икIи щIакхъуэ, щIакхъуэхэкIхэм елэжь IуэхущIапIэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ. 
- Хамэ къэралхэм къыщыщIагъэкIауэ гуэдз зэрыIуахыж комбайну щы диIэщ, лъэщ хъужахэу. Ауэ, иджыпстукIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, лэжьыгъэм къытхухэшар зыращ, адрейхэм дэдгъэтIысхьэн цIыху зэрыдимыIэм къыхэкIыу. ЗэрыфщIэщи, япэрей комбайнерхэр хуэм-хуэмурэ токIуэт, абыхэм я пIэ къиувэну щIалэгъуалэм ящыщу зыри зэкIэ хуэпIащIэркъым. 
Дэ иджыпсту дгъэлажьэ иджырей комбайнхэм къахуэт щыIэкъым, компьютерхэмкIэ, кондиционерхэмкIэ, н.къ. техникэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Ауэ, абы къадэкIуэуи, ахэр бгъэлэжьэн, зебгъэкIуэн щхьэкIэ, хуэфащэ щIэныгъи ббгъэдэлъын хуейщ. Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр, лизинг системэр, худэчых хэлъу банкхэм ят кредитхэр къэдгъэсэбэпурэ ди техникэхэр къэдгъэщIэрэщIэжащ. Ауэ, икъукIэ дыкъелъахъэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр зэрыдимыIэм, дгъэлэжьэн зэрыдмыгъуэтым. 
 Абы къыхэкIыуи, мыпхуэдэу догупсыс: мэкъумэш ВУЗ-хэм, техникумхэм, колледжхэмрэ лицейхэмрэ я егъэджэныгъэ стандартымрэ программэхэмрэ щхьэ хамыгъэхьэрэ иджырей мэкъумэш техникэхэр, машинэхэр зыгъэлэжьэфын IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр? Ар икIэщIыпIэкIэ унафэ зытещIыхьын хуей Iуэхуу къыдолъытэ, мыгувэу абы хэкIыпIэ къыхуагъуэтынуи дыщогугъ. 
 

 

Зытхыжар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Поделиться: