Ди республикэм къэкIуэну зегъэхьэзыр![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэу» партым и тхьэмадэ, УФ-м и Къэрал Думэм а партым и фракцэм и Iэтащхьэу щыIэ Миронов Сергей. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр щагъэзащIэкIэ зэрызэдэлэжьэнум, адэкIэ яIэну зэпыщIэныгъэхэр зыхуэдэм, Миронов Сергей республикэм къызэрыкIуэнум. Апхуэдэуи и гугъу ящIащ фокIадэм и 8-м республикэм щызэхэтыну парламент хэхыныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщынум, зэрырагъэкIуэкIынум, щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэм, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиныр хъумэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
05.07.2026 - 09:00 →
ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд
04.07.2026 - 10:23 →
Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр
| ||





