Мэздэгу Адыгэ Хасэм и лIэщIыгъуэ плIанэ«Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ обществэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Мэздэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща пшыхьыр гуимыхужу зэхашат. Мэздэгу адыгэхэм я гурыфIыгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ гъуни нэзи имыIэу апхуэдэт. Осетинхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм КъБР-м и Iэтащхьэхэм къабгъэдэкIыу захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Осетие Ищхъэрэ - Аланием лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Цуциев Аслъэн, Мэздэгу районым и администрацэм и унафэщI Гугиев Геннадий, Курской район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Сидоренкэ Оксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий сымэ, нэгъуэщIхэми.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||




