ТхакIуэр ягу къагъэкIыжащ![]() Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ балъкъэр къэрал драмтеатрым щекIуэкIащ тхакIуэ Чипчиков Борис теухуа гукъэкIыж пшыхь. Ар къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу. Чипчиковыр тхэрт балъкъэрыбзэкIи урысыбзэкIи. «Си псэм зыхищIэрщ сызытетхыхьыр», - жиIэу щытащ езы тхакIуэм. «Возвращайся свободным», «Улыбается Боже», «Нерестились рыбы в лунном свете», «Мы жили рядышком с Граалем» - мыпхуэдэ рассказхэр яцIыху куэдым. Литературэджхэм къыхагъэщ абы и тхыгъэхэм щIэщыгъуэ зэрахэлъыр, хъэтI гурыхь зэриIар, къигъэлъагъуа гупсысэхэм купщIэ зэраIэр. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
| ||





