Къалэ цIыкIу щIэращIэ![]() Налшык къалэ администрацэм къегъэщIылIауэ мэлажьэ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтыр. Къалэр щIэращIэу щытыным кIэлъоплъ дизайнерхэр, сурэтыщIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, архитекторхэр. «Платформа»-р унэтIыныгъэу щым тетщ: къалэм и теплъэр гъэдэхэным, туризмэм зегъэужьыным, щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ гулъытэ хуэщIыным. Иджыблагъэ «Платформа» институтым щыщ архитектор ГъукIэлI Мурат хэтащ «Малые города: новые территории креативных индустрий» зэIущIэм. Ар Ивановскэ областым щекIуэкIащ. Илъэс етIуанэ хъуауэ къэралым и эксперт нэхъыфIхэр щызэхуос Юрьевец къалэми, топсэлъыхь къалэ цIыкIухэр екIуу, къабзэлъабзэу щытын папщIэ лэжьыпхъэхэм. Мы гъэм зэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ къалэр гъэщIэрэщIэным, цIыхухэр щызэхуэс щIыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
05.07.2026 - 10:00 →
ЗэбгрыкIыжащ ящIэнур яубзыхуауэ
04.07.2026 - 13:00 →
ГуащIафIэщ Астемыр
| ||





