Лъэпкъыр зыхъумэр и хабзэрщ

Лъэпкъ Iуэхум гурэ псэкIэ бгъэдэтщ Израилым хыхьэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм щыпсэу, абы дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ ди хьэщIэм къы­д­жиIахэм.

- Зухьейр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым ухэтащ. Сыт хуэдэ гупсысэ къы­хэпха абы?
- Израилым щыпсэу адыгэхэр илъэсибгъу хъуауэ хэттэкъым ДАХ-м. Адыгэ Хасэм зэман кIыхькIэ дызэрыхэмытар зэран къытхуэхъуащ, езы Хасэми абы и зэран екIащ.
Сэ жаIэу зэхэсха къудейуэ аращ Дунейпсо Адыгэ Хасэр дапхуэдэу лэжьами, сыт хуэдэ мардэхэм тетами. Иджы къы­зэрысщIамкIэ, ар мыхьэ­нэшхуэ зиIэ, лэжьыгъэ щхьэ­пэ щызэфIагъэкI зэгухьэныгъэщ. Дэнэ щIыпIэ щыпсэу адыгэхэри дызэхуэзащ. Мыарэзы гуэрхэри щыIащ хэхыныгъэ махуэм, апхуэдэ гуэр зыхэмыт Iуэ­хушхуэ пхуегъэкIуэкIынуи къы­щIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, Адыгэ Хасэм къеныкъуэкъу цIыхухэми дагурыIуэн, яхудэтчыхын хуейщ. Абыи Iэмал гуэр иIэу къыщIэкIынущ. ДАХ-м и IуэхущIафэхэр цIыхухэм ялъагъуну Iэмал етыпхъэщ. Демократие щыIэн хуейщ жы­хуэ­с­Iэщ. Пэжщ, а псалъэр цIы­ху­хэм зэхъуэкIауэ къащыгурыIуэ ­урохьэлIэ. Демократием къи­­кIыркъым умыгупсысэу уи щхьэм къищхьэрыуэр жыпIэну, зыгуэрым гуемыIу еппэсыну, и жагъуэ пщIыну.
- Хэкум уи щыпэ къакIуэкъым, зэбгъэцIыхуну ухунэсауэ къыщIэкIынщ…
- Налшык куэдрэ сыкъэ­кIуащ, ауэ мы иужьрейуэ сыкъыщеблэгъэжам нэхъыбэ слъа­гъуну, куэдым гу лъыстэну Iэмал хъарзынэ сиIащ, адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIыр нэсу зы­хэсщIащ. ЗэIущIи сыхэтащ, джэ­гуи сыхэплъащ, сыкъэфащ, ерыскъы IэфIи зэдэтшхащ. Сигу къинащ Бахъсэн щIы­­налъэм зэрызыщыдагъэп­лъы­хьар. СыкъытеувыIэнут Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэ­т­ащхьэ КIуэкIуэ Юрий дызэ­рыIущIам. Дэтхэнэми ди гуп­сысэм къедэIуащ, жэуап ­къыдитащ, къэтIэта Iуэху­гъуэ­хэм гулъытэ зэрагъуэтынур къыджиIащ. Дауи, адыгэ Iуэ­хущ нэхъыбэу дызы­теп­сэ­лъы­хьар. Къызэрыдгъэлъэ­гъуащи, иджыпсту псом нэ­хъапэ ­игъэщыпхъэр Сирием ис ди лъэп­къэгъухэм я Iуэхуращ. Абы­хэм къатепсыха гуауэр дэ­ри къыдэхьэлIащ. Сэ Iыхьлы сиIэщ Сирием щыпсэууэ - си анэ шыпхъум и къуэхэр абы щыIэщ. Дауэ абы я гукъеуэр зэрызыхэзмыщIэнур?! Сабий псэ хейхэр гуузу щыкIуэдкIэ, дауэ абыхэм уазэрыщIэмыгуп­сысынур?! «Зыгуэр фщIэ, кхъыIэ» - жаIэу мэлъаIуэ Сирием щыIэхэр. МэлъаIуэ, хэ­кIы­пIэншэ хъуащи. Кфар-Камэ дэс адыгэхэм псапащIэ фонд диIэщ илъэси 4 хъуауэ. Ахъшэ зэхалъхьэри Иорданием ирагъэхь. Иорданием йокIри, ­    езым я гъуэгукIэ Сирием ирагъэхьыж ар.
Сирием щекIуэкIыр мы­хъуамэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж дыщеблэгъам дызытеп­сэ­лъыхьын куэду щыIэт: бзэр, фащэр, ди щэнхабзэр, нэ­гъуэщI куэди. Гупсысэ нэхъыщ­хьэу мы Iуэхугъуэхэм узы­хуашэр зыщ - хэкум ис ады­гэхэмрэ хэхэсхэмрэ зэ­пы­щIауэ, зэлъэIэсу, зэкIэлъы­гъуазэу щы­тын хуейщ.
- Зухьейр, Кфар-Камэ дэт Адыгэ музейм и гугъу къытхуэщI.
- Ар къызэIутхат илъэсибгъу ипэкIэ. Тхьэухъуэ Закарие адыгэм къыдекIуэкI хьэп­шып­хэр зэхуэхьэсын щIи­дзат. ­Куэ­дым къамыгъэ­сэ­бэпыж ­хьэп­шыпхэр хыфIадзэжырти, лъэп­къым дежкIэ ахэр зэры­лъапIэр къызыгурыIуэ щIалэм ахэр ихъумэрт. Закарие зэхуихьэса хьэп­шыпхэр куэд хъуащ, илъэс зыбжанэкIи ахэр щигъэлъащ «Хэкум тхьыжынщ» жиIэу. Хьэп­шыпхэр куэд щы­хъум, музей къызэIутхыным дригъэхъуэп­сащ. Аращ щхьэу­сыгъуэ ­хуэ­хъуар абы. Бэджэнду унэ ­цIыкIу къатщтэри, абдеж хьэп­шыпхэр я пIэ щидгъэзэ­гъащ. Мазэ зыбжанэ дэкIри, музейм цIыху куэд къекIуалIэ хъуащ, илъэс дэкIри, туристхэр мин бжыгъэкIэ къытхуеблагъэу щIа­дзащ. Арати, музейми ­зиубгъуащ. Иджы ар «Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым» хэтщ. Абдеж тхыдэр къызыхэщыж кинохэр щагъэлъагъуэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щапщэфI ­шхапIэ хэтщ, адыгэ ­къафэми гулъытэ хуащI. Мы Iуэхум папщIэ дэ сэбэп къытхуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен. Музейм зыгъэпсэхугъуэ махуэ имыIэу догъэлажьэ. ­КъекIуалIэу хъуар (сыт хуэдэ лъэпкъри) къыдогъэблагъэ, ди чэнджэщ, ди дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэм сэбэп дыхуохъу. ЗыщIыпIэ адыгэм теухуауэ хьэпшып къыщытлъагъумэ, зы­Iэрыдогъэхьэ. Псом хуэ­мы­дэу, тхылъхэр сфIэфIщ. Хэкум сыкъэкIуэжыху, адыгэбзэкIэ тхауэ тхылъ куэду здызохь - ахэр ди музейм и гъэтIылъыгъэшхуэщ. Адыгэм ди щэнхабзэр телъыджэщ, нэгъуэщI лъэпкъ­хэр щIызыIэпишэри аращ. Уеблэмэ музейм къы­щIыхьэ хьэрыпхэмрэ журт­хэмрэ адыгэм теухуауэ проектхэр ящI. Адыгэ бзылъхугъэм, къафэм теухуауэ проект ягъэ­хьэзыращ журтхэм. Адыгэ ­макъамэм теухуауи журт университетым кърагъэхьащ ап­хуэдэ зы лэжьыгъэ. Рихьэниеми музей дэтщ. Ар нэхъ ­цIы­кIущ, ауэ нэхъапэ къызэIуа-хащ. Абыи дыдолажьэ. Музейм хьэрычэт иритщIыркъым, абыкIэ лъэпкъ Iуэху зетхуэу аращ.
- Я щыIэкIэ-псэукIэкIэ, хабзэ, бзэ я лъэныкъуэкIэ сыт я шыфэлIыфэ къуажитIым - Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ?
- Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ муниципальнэ Хасэ дэтщ. Рихьэнием Гъыш Самир, Кфар-Камэм  Нэпсо Закарие ­ я тхьэмадэщ. Иджы Хасэшхуэ щIын хуейщ. Илъэс нэблэгъауэ абы дытолажьэ. Рихьэнием унагъуэ 1014-рэ дэсщ, Кфар-Камэм - 3300-рэ. Пэжщ, Рихьэнием хьэрыпу 300 хуэдиз щопсэу, къэралым къа­хи­гъэ­тIыс­хьауэ. Рихьэние дэсхэр абэ­зэхщ, Кфар-Камэ щыщхэр шапсыгъщ. КъуажитIми адыгэ хабзэр хъарзынэу щызокIуэ, гуфIэгъуэ е гуауэ ирехъуи. Адыгэм и хабзэкъым уи Iыхьлы е гъунэгъу дыдэ къэпшэныр. Кфар-Камэ дэс щIалэхэм Рихьэние щыщ хъы­джэбзхэр къашэ, щIалэхэми ди къуажэ пщащэхэр яшэ. Къэ­бэрдейм щыщ малъхъэхэр, ны­сэхэр диIэщ. Абы и IуэхукIэ ­Ин­тернетыр сэбэп хъууэ си ­гугъэщ - хъарзынэу зэрегъэ­цIыху. КъуажитIми дэлъыр адыгэбзэщ. Сабийхэр школым мыкIуауэ нэгъуэщIыбзэ къащIэркъым. ЕтIуанэ клас­сым щегъэжьауэ хьэ­ры­пыб­зэрэ журтыбзэрэ ирагъащIэ, етхуанэ классым нэса нэужь, инджылызыбзэр ирагъэдж. ­Къуажэхэм я уэрамхэми, тыкуэнхэми, сымаджэщхэми, нэгъуэщI IуэхущIапэхэми щы­зэ­хэпхыр адыгэбзэщ. Уэрамхэм я цIэхэр бзищкIэ (адыгэбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, журтыбзэкIэ) тетхащ. Я фIэщыгъэхэр адыгэщ. ­Налшык, Шапсыгъ, Къэбэрдей уэрамхэр диIэщ. Хэкум никIыу накIуэхэр а фIэщыгъэхэр зы­тетхам деж увхэурэ сурэт зыт­рагъэх. Ап­хуэдэщ Израилым  дэс  адыгэ­хэм я хъыбарыр.
- Уэрамхэм адыгэцIэхэр тетхащ, щIэблэ къыфхэхъуэмэ, адыгэцIэ фIэфщрэ?
- Сэ сызэрыцIыкIурэ сро­бампIэ Зухьейр къызэрыс­фIащам, си анэми куэдрэ жы­зоIэ ар. Нэхъапэхэм муслъы­мэныцIэ жаIэрти, дызыхэс лъэпкъым я цIэхэр фIащырт куэду. Иджыпсту лъэпкъ гупсысэр нэхъ къэу­шыжауэ жыпIэ хъунущ, ады­гэ­цIэхэр фIыдощ. Сэ си хъыджэбзым Саещ (фащэ) и цIэр. Пщащэхэм Нэхунэ, Гупсэ, IэфIынэ, нэгъуэщIхэри фIащ, щIалэ цIыкIухэм - Сосрыкъуэ, Аслъэн хуэдэхэр.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

 

 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: