Мэз Темырлан и ныбжьэгъур къригъэлащПрохладнэ районым ныбжьыщIэхэм псым зыщагъэпсэхуныр гуауэкIэ иух пэтащ бадзэуэгъуэм и 7-м. Абдежым лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъэгъуащ Джэрмэншык къуажэм щыщ, илъэс 12 хъу Тамерлан. Умар и ныбжьэгъухэм ящIыгъуу гуэлым зыщигъэпскIырт. Абдежым ныбжьыщIэхэм Умар ялъагъуртэкъыми къэпIейтеящ. Япэу дэIэпыкъуэгъу хъуну хуежьар и ныбжьэгъу Темырланщ. Ар псым хэпкIэщ, щIилъафэр къыдриIэтейри къыхилъэфыжащ. ЩIалэ цIыкIум укъищIэртэкъыми, абдеж къыщыхутахэм абы псынщIэу дэIэпыкъуу щIадзащ. ЩIыпIэм къэкIуа дохутырхэм ар псынщIэу сымаджэщым яшащ. Иджы абы и гъащIэм ущIытешыныхьын щыIэжкъым. - ЩIалэ цIыкIум псори псынщIэу зэпилъыту, Iуэхум яужь зэрихьарщ ар къыщIелар. Темырлан псым фIыуэ йос. Ар шынакъым икIи псым зыщIигъэмбрыуэри, и ныбжьэгъур къыхихыжащ, - жаIэ къэхъуар зылъэгъуахэм. Илъэс 11 хъу Умар етIуанэу къалъхужам хуэдэщ икIи ар игъэлъэпIэну мурад ищIащ и ныбжьэгъу Темырлан щIыгъуу. Псым итхьэлэр къегъэлыным къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ Мэз Темырлан Урысей МЧС-м гулъытэ къыхуищIыну ягъэлъэгъуэнущ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, псым къыщыхъу псори апхуэдэу иухыркъым. Урысей МЧС-м фигу къегъэкIыж: - зыщывгъэпскI абы хухэха щIыпIэхэм, дыгъэ зегъэупIэ зэпэщхэм, зыгуэр къэхъу хъужыкъуэмэ, къегъэлакIуэм дэIэпыкъуныгъэ къыщывитыфынухэм. - фыщхьэдэмых зыгъэпсыкIыпIэхэм щагъэува къэхухьахэм. - псым фыщымыджэгухэр. - умыцIыху щIыпIэхэм, кхъухь IухьэпIэхэмрэ нэгъуэщIхэу абыхэм хуэмыщIахэмрэ деж псым ущыхэлъэну шынагъуэщ. - Iуфэм жыжьэ фыIумысыкI, псым куэдрэ фыхэсмэ, щIыIэм фиубыду хуэш къыфхыхьэнкIэ хъунущ. ПщIэ зыхуэтщI адэ-анэхэ, фи сабийхэр сакъын зэрыхуейм хуэвущий! Зыщывмыгъэгъупщэ, фи шынагъуэншагъэр фхэлъ жэуаплыныгъэм зэрелъытар!
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




