Шыгъулдыкъащхъуэр яхуобагъуэ

Кыщпэк къуажэм шыгъулдыкъащхъуэу (голубика) гектар 22-рэ щыхасащ. Ахэр зей Тхьэкъуахъуэ Замирэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, хьэсэхэм щытыкIэ хъарзынэ яIэщ икIи мэгугъэ мы гъэм бэвагъ къаритыну. А пхъэщхьэмыщхьэр зыхуей хуэзэу къэгъэкIынымрэ зехьэнымрэ гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIащ: жызумым хуэдэу зэрыIыгъыу къудамэхэм къыпыкIэ шыгъулдыкъащхъуэр IэкIэщ къызэрыпачыр. КъищынэмыщIауэ, ахэр, къыхэхъукI мыхъумэ, псори зэуэ зэдэхъуркъым. Абы къыхэкIыу мазэ псокIэ зэпымыууэ къыпыпч мэхъу, фокIадэм и кум нэсыху. 
Урысейм и щIыналъэ псоми дыщрохьэлIэ а къэкIыгъэм. Ахэр тыншу къокI, мэбагъуэ, сыт хуэдэ дуней щытыкIэми хъарзынэу йозэгъ. ЩIыIуху щIыхуфэ зытелъ а пхъэщхьэмыщхьэ цIыкIум фыщрохьэлIэ тыкуэнхэми бэзэрхэми. ЦIыхумкIэ абы сэбэпынагъыу хэлъым нэхъ гъунэгъуу дыщегъэгъуазэ «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» къэрал IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и къэхутакIуэ лабораторэм и лэжьакIуэ ЛIыхъугу Анжелэ.
Жыг къуацэ лъахъшэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэр IэфIщ, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ пкъыгъуэ сэбэпхэмрэ витаминхэмрэ и мащIэкъым. Абы хэлъщ гъущI, фосфор, магний, кальций, витаминхэу А, Р, С, РР, апхуэдэуи В-м и гупым хиубыдэхэр. Абы къищынэмыщIауэ, ар къулейщ клетчаткэ, пектин пкъыгъуэхэмкIэ, аминокислотахэмкIэ, фошыгъумкIэ, флавоноидхэмкIэ.
Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр голубикэм езым сэбэпынагъыу иIэм хуэдизыбзэ и тхьэмпэхэми зэрыхэлъырщ. Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, абы къыхагъуэтащ лъыр тэмэму зэзыгъэпцI витамин К1-р (филлохинон). Грамми 100-м къарууэ хэлъыр килокалорие 39-рэ хъууэ аркъудейщ, процент 90-р псыщ, адрей къанэр зэрыщыту витаминщ. Абы и сэбэпынагъ псом ящхьэщ лышх узыр зэтезыгъэувыIэ антоциан пкъыгъуэр зэрыхэлъыр. Мыр къэлъытапхъэщ - шыгъулдым (черникэм) грамми 100-м апхуэдэу хэлъыр зэрыхъур миллиграмм 400-щ, голубикэм ейр миллиграмм 1600-м нос.
 Абы щIыIэ узыр къыпхеш, плъыржьэрыр ирегъэх, нэр егъэжан, катарактэ, глаукомэ, лъатэ, жьэжьей, лъынтхуэ узыфэхэм япэщIэтщ, фошыгъур ирегъэх, кIуэцIыр егъэкъабзэ, лы лейр пкIэрегъэху.
СабийхэмкIи сэбэпышхуэщ ар. Абы и фэмрэ и кумрэ куэду хэлъщ аскорбиновэ кислотар, каротиныр, антоцианыр, биофлавоноидхэр. Абыхэм куэдкIэ елъытащ псантхуэм и зыужьыныгъэмрэ и узыншагъэмрэ. Абы къыхэкIыу сабийхэм пасэу евгъэшхын щIэвдзэ - къару къахилъхьэнущ, шхыныр нэхъыфIу ягъэткIунущ, я нэхэр жан ищIынущ.
Сыт хуэдэ ерыскъыри сэбэпщ, иумыгъэлеймэ. Шыгъулдыкъащхъуэми аращ - цIыху балигъым зы жэщ-махуэм хуэзэу ишхын хуейр грамми 150-рэщ, сабийм - грамм 80-щ, аллергие узыфэр зиIэхэр сакъмэ нэхъыфIщ.
 

Зыгъэхьэзырар ЛЪОСТЭН Музэщ.
Поделиться: