Нэхъыжь уиIэхукIэ ущIалэщ![]() Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Къэбэрдейм и нэхъыжьхэм я совет» зэгухьэныгъэмрэ я лIыкIуэхэр Шэт (Шал) КIулэ ТIалиб и пхъум ехъуэхъуащ илъэс 96-рэ зэрырикъуамкIэ. ГуащIэдэкIрэ унагъуэ насыпкIэ гъэнщIа нанэ дыщэм къикIуа гъуэгуанэр нобэ ди республикэм щыпсэу дэтхэнэ зы бзылъхугъэм дежкIи щапхъэщ. Къуитхурэ пхъуитхурэ къащIэхъуащ Шэтхэ Iэдэмрэ КIулэрэ. Дэтхэнэ зыри унагъуэ щхьэхуэ хъужауэ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр ефIэкIуэным я къарур ирахьэлIэ. «Дэ нэхърэ нэхъ унагъуэ бей щыIэкъым, цIыху 61-рэ дохъу», - жиIэрейт ди адэм», - ягу къагъэкIыж нобэ зэщхьэгъусэхэм я бынхэм. Къуэрылъху-пхъурылъхуу 20-рэ абыхэм я быныжу 2-рэ зэпщIэкIа нанэ гуащIафIэм гъащIэр къехъулIауэ къелъытэ. Я малъхъэхэри нысэхэри акъылэгъу къахуэхъуауэ, псори зэгурыIуэ зэрылъ унагъуэу мэпсэу, мэлажьэ-мэшхэж, я бынхэр гъащIэм хуагъасэ. Илъэсищ ипэкIэ зи узыншагъэр нэхъ тIасхъэ хъуа КIулэ ипхъу Ларисэ и пщэ дилъхьэжащ анэр зыхуей хуигъэзэныр.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
23.04.2025 - 19:20 →
Сом мелард 80-м нэблагъэ
23.04.2025 - 18:00 →
Анэмрэ бынымрэ
23.04.2025 - 16:29 →
ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр
21.04.2025 - 16:15 →
ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым
|