Гъуэгуухуэхэр бэлэрыгъыркъым![]() «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу ди республикэм и жылэ куэдым гъуэгухэр къыщагъэщIэрэщIэжащ, мывэ кIэщхъ фIэкIа зытемылъахэм асфальт тралъхьащ. Абыхэм я нэхъыбэр жылагъуэ къулыкъущIапIэхэм, курыт еджапIэхэм, сабий садхэм хуозэ. Языныкъуэ щIыпIэхэм, гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, лъэс зекIуапIэщIэхэр щаухуащ. Апхуэдэу Жэмтхьэлэ къуажэм зыхуей щыхуагъэзащ километри 5-м щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгур. Абы къыщагъэсэбэпа иджырей пкъыгъуэхэм я фIыгъэкIэ асфальтыр щIэуэ зытралъхьа гъуэгущIэхэр илъэс куэдкIэ зекIуэнущ.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
10.05.2025 - 12:47 →
Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм
06.05.2025 - 12:05 →
Псори цIыхум и тыншыпIэрщ зыхуэщIар
|