Узыншагъэр егъэфIэкIуэныр я тегъэщIапIэу

Урысейм къэрал кIуэцI туризмэм зыщегъэужьыныр УФ-м и Президентым пщэрылъ къащищIхэм ящыщщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, а IэнатIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кIуэ пэтми щофIакIуэ. 

КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туриз­мэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIэмкIэ, 2023 гъэм республикэм ­зыгъэпсэхуакIуэ мелуан 1,5-м щIигъу щыIащ, 2025 гъэм ирихьэлIэу мелуани 2-м нэс кърашэлIэфыну къагъэ­лъагъуэ.
Iуэхутхьэбзэу къызэрагъэпэщам сом мелард 14 къызэщIеубыдэ - ар хуэдиплIкIэ нэхъыбэщ илъэси 5 ипэ яхузэфIэкIам нэхърэ. Мы зэманым республикэм зэуэ зыгъэпсэхуакIуэ мин 17-м щIигъу къригъэблэгъэфынущ. Дызэрыт илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и туризмэм зегъэу­жьыным сом мелуан 370,5-рэ хуха­хащ. КъищынэмыщIауэ, субсидие ахъшэу щIыналъэм сом мелуан 46-рэ къыIэрыхьащ. Ар трагъэкIуэдэнущ зы­гъэпсэхупIэхэр егъэфIэ­кIуэ­нымрэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къы­зэгъэ­пэщынымрэ. 
Иужьрей илъэсхэм мы IэнатIэм ­ахъ­шэ лей зэрыхухахым и фIыгъэкIэ, ­туризмэм епха проект куэд ягъэ­зэщIащ - бассейнхэр, кемпингхэр, хьэ­щIэщхэр, спорт IуэхущIапIэхэр яухуащ, цIыхухэм екIуу псы Iуфэхэм зыщагъэпсэхун хуэдэу зыхуей хуа­гъэзащ. КъБР-м и Правительствэр ­хущIокъу адэкIи мы Iуэхум ехьэлIа псори къызэрызэригъэпэщыным.
Къапщтэмэ, туризм Iуэхухэр нэхъыфI хъуныр зэлъытахэм ящыщщ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ санаторэхэм я фIагъым, апхуэдэхэм я Iуэхутхьэбзэхэм зэрызрагъэужьыр. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэ Iуэху­щIапIэхэм зыщызыгъэпсэхуну хуейхэм я бжыгъэр иужьрей илъэсхэм нэхъыбэ хъужащ: 2023 гъэм къэралым и санаторэхэм зыщызыгъэпсэ­хуам процент 25-кIэ хэхъуащ. Псом хуэмыдэу щIэупщIэ зиIауэ къагъэ­лъагъуэр Минеральные Воды и санаторэхэрщ. Абы щыгъуэми къыха­-гъэщ, псалъэм папщIэ, Алтай, Новосибирск, Краснодар, нэгъуэщIхэми зыгъэпсэхуакIуэхэр зэрыкIуэр.
«Санаторэхэм зегъэужьыныр мы­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ, цIыху­хэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэным теу­хуауи щIыпIэ туризмэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIи. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм мы Iуэхум гулъытэшхуэ щыхуащI», - жеIэ «Кавказ РФ» АО-м и унафэщIым и къуэдзэ Тапаев Рустам. 
ЩIэупщIэ зэрагъуэ­тыжам и щы­хьэту, «Кисловодск къалэм и курорт IуэхущIапIэ» ООО-м и унафэщI ­Мурашкэ Николай жеIэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ Iуэху­щIапIэхэр зэ­пэу­быда зэрыхъуар икIи зэман гъунэ­-гъум ахэр тыншу къы­зэрыплъымысыр. Мурашкэ къы­зэ­ры­гъэщымкIэ, зыгъэпсэхуакIуэхэми иужьрей илъэсхэм нэхъ зэхагъэкI ­хъуащ къыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр зыхуэдэр, абы къыхэкIыу пэш къызэрыгуэкIхэр зэманым къы­зэремызэгъыжыр. Апхуэдэуи абы ­къелъытэ санаторэхэм я фIагъым ­хэгъэхъуэнымкIэ хамэ къэрал IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIри Iумпэм ящI зэрымыхъунур.
Санаторэхэм я лэжьыгъэр узын­шагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхари гурыIуэ­гъуэщ. Абы и лъэныкъуэкIи къэралыр хущIокъу зэрызиужьынум. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм нобэ зрегъэужь гу-лъынт­-хуэ узыфэхэмрэ лышхымрэ зиIэхэм технологие лъагэхэр зи лъабжьэ дэ­Iэпыкъуныгъэ зэраритынум, ап­хуэ­дэхэм я узыншагъэм зэрыкIэлъагъэп­лъынум. 2023 гъэм апхуэдэ меди­цинэ дэIэпыкъуныгъэр IуэхущIапIэ 1700-м щIигъум щыхуащIэу щытамэ, иджыпсту абыхэм Iуэхутхьэбзэхэр къы­хузэрагъэпэщыф цIыху мин 450-м щIигъум. 
ЗыгъэпсэхупIэхэм ятеухуауэ и Iуэху еплъыкIэр къегъэлъагъуэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерст­вэм ЗыгъэпсэхупIэхэм я лэжьыгъэм зыщыгъэгъуэзэнымрэ медицинэ къэ­хутэныгъэхэмкIэ и цIыхубэ центрым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Фесюн Анатолий: «Санаторэхэр зыгъэпсэхупIэ къудейкъым. Ахэр цIы­хум и узыншагъэм и хъумакIуэщ. Ап­хуэдэ IуэхущIапIэхэр сэбэп мэхъу ди гъащIэр нэхъ тыншу, нэхъ жыджэру етхьэкIынымкIэ. Мы IэнатIэм и мы­хьэнэр къигъэлъагъуэу, 2018 гъэм ди къэралым и Правительствэм къы­хилъхьауэ щытащ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ зыгъэпсэхупIэхэм зэры­заужьыпхъэ мардэхэр. Ауэ, апхуэдэ лэжьыгъэми емылъытауэ, узыфэхэр ямыIэн щхьэкIэ зэрызрагъэгугъуж щIыкIэр иджыри тэмэму зэтеублакъым. Абы и лъэныкъуэкIэ къалэ­нышхуэ я пщэ дэлъу къызолъытэ санаторэ IуэхущIапIэхэм. Узыншагъэр ирагъэфIэкIуэж къудей мыхъуу, узы­фэр къызэрахутэнми егугъупхъэщ».
Къыхэгъэщыпхъэщ, Кавказ Ищхъэрэр зэрызагъэхъуж псы хущ­хъуэхэмрэ ятIэхэмкIэ зэрыкъулейр, икIи абы и лъэныкъуэкIэ адрей щIыналъэхэмрэ къэралхэмрэ дэлэжьэну IэмалыфI зэраIэр. Фигу къэдгъэ­кIы­жынщи, «Санатории России рф.» пор­талым нэгъабэ нэхъыфIу къигъэлъэгъуа курорт 50-м Къэбэрдей-Балъкъэрым еханэ увыпIэр иIыгъыу зэрыхэхуар. Республикэм и са­наторэхэм щагъэхъуж къупщхьэ, псантхуэ узыфэхэр, тэмакъым, нэм, щIыфэм, нэгъуэщIхэми ехьэлIахэр.

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: