Иратащ щIакIуэрэ адыгэ пыIэрэ![]() Налшык, ди республикэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ паркым ит гъэлъэгъуапIэм, къыщызэIуахащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик СэвкIуий Хьэмид и «Ковчег» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар сурэтыщIым и илъэс 60-м и щIыхькIэ ягъэхьэзыра Iуэхухэм ящыщ зыщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абырэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Маратрэ СэвкIуийм иратащ щIакIуэрэ адыгэ пыIэрэ. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заур-бэч жиIащ абдеж щагъэлъагъуэ псоми Хьэмид и псэм щыщ зэрыхилъхьар зэрызыхэпщIэр. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт и жыIэм къыхигъэщащ СэвкIуийм и лэжьыгъэхэр гъащIэм и къуэпс гуэру, къоджэу, удахьэхыу зэрыщытыр. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ гу лъаригъэтащ СэвкIуий Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ Налшык щыIэ гъэлъэгъуэныгъэшхуэхэм ящIэлъ гупсысэр зэрыкуум, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэр зылъэгъуа къалэдэсхэм я гум дахагъэ къызэринэм. КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат къыхигъэщащ гъуазджэм и хэлъхьэныгъэ телъыджэхэр нэхъыбэм ялъагъуну зэрыщхьэпэр, сыту жыпIэмэ абыхэм псэуным укъыхуагъэуш. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием къыбгъэдэкI хъуэхъум къеджащ. Лъэпкъым и цIэкIэ къэпсэлъащ СэвкIуий Аслъэн. Абы жиIащ Хьэмид сыт щыгъуи нэхъри телъыджэ пщыхъу гуэрхэр къызэрызэкъуихыр, зэчий ин зыбгъэдэлъ щIалэм зэрыригушхуэр. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2026 - 10:47 →
Къэрал мылъкур зэрызэрагъэзахуэр
01.05.2026 - 09:11 →
Зыужьыныгъэм и тегъэщIапIэхэр
18.04.2026 - 12:00 →
Къэрал Думэм жэрдэмыр къыщыдаIыгъ
11.04.2026 - 11:12 →
ЩIыхэр зэрагъэзахуэ
28.03.2026 - 11:00 →
«Урысей зэкъуэтым» къепщытэж
| ||





