Социальнэ лэжьакIуэ нэхъыфIыр къыхахащУрысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щызэхалъхьэжащ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм тезырхэр щагъэзэкIуэж и IуэхущIапIэхэм я социальнэ лэжьакIуэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI урысейпсо еплъыныгъэ-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм кърикIуахэр. Абы хэтащ социальнэ IуэхухэмкIэ IэщIагъэлI нэхъыжьхэр, социальнэу хъумэнымрэ лэжьыгъэ стаж учетымкIэ гупхэм я инспекторхэр. Зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ я лэжьакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр ирагъэфIэкIуэн, УИС-м и социальнэ къулыкъум и пщIэр Iэтын, нэхъ лъэщхэр къыхэхын мурадкIэ. Абыхэм я къалэнхэм хохьэ суд зытращIыхьахэм я социальнэ зэпыщIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжынымкIэ, хуит хъужа иужькIэ лэжьыгъэкIэ, пенсэкIэ къызэгъэпэщынымрэ зыхуеину дэфтэрхэр гъэхьэзырынымкIэ ядэIэпыкъуныр.
Поделиться:
Читать также:
18.01.2025 - 12:16 →
Гум имыхужынщ
18.01.2025 - 10:15 →
Къапэщыт къалэнхэр яубзыху
15.01.2025 - 18:19 →
ПщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэхэм я фэеплъу
11.01.2025 - 12:11 →
ЩIэблэр гугъапIэщ
11.01.2025 - 10:17 →
ЩIэблэфI къытщIэхъуэн хуэдэу
|