КъБР-м Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министерствэм и комиссэм и зэIущIэ шыщхьэуIум и 7-м зэхэтащ. Комиссэм и Iэтащхьэу хахащ КъБР-м и Правительствэм и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед. Зэхыхьэр теухуауэ щытащ 2024 - 2025 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм республикэм и IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэ унэхэмрэ хуабэкIэ къызэгъэпэщыным зэрыхуэхьэзырым.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ КъБР-м и Правительствэм зэриубзыхуам тету, мэлыжьыхьым щIадзауэ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэ унэхэмрэ зэрагъэплъынум зэрыхуагъэхьэзырыр.
КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бэлагъы Борис и псалъэм къыхигъэщащ къат куэду зэтет псэупIэ унэу мини 2843-рэ, котельнэу 378-рэ, хуабэ зэрыкIуэ сету километр 496-рэ, хуабэ зэрыкIуэ пункт нэхъыщхьэу 52-рэ, псы зэрыкIуэ сету километр 4248-рэ ягъэхьэзырыну къазэрыпэщылъыр. Iуэхум сом зы мелардрэ мелуани 130-рэ текIуэдэнущ. ЩIыпIэ бюджетым къыхэкIыу процент 59-р абы хухахынущ: республикэм и къалэ, район администрацэхэм сом мелуан 57-рэ, щIыналъэм и IуэхущIапIэхэу - «ПАО Россети Северный Кавказ»-«Каббалкэнерго», «Газпром межрегионгаз Нальчик» сом зы мелардрэ мелуан 67-рэ .
Бэлагъы Борис зэIущIэм хэтхэм къалэн ящищIащ фокIадэм и 1-м и пэ къихуэу гъуэз зэрыкI уэнжакъхэм, инженер сетхэм я щытыкIэр зыхуэдэр къапщытэу абы кърикIуахэм хагъэгъуэзэну. Мы зэманым зэрахъуэкI жьы хъуа хуабэ зэрыкIуэ сетхэр.
КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм мы Iуэхум я нэIэ тетщ икIи бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм респуликэм и IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэ унэхэмрэ зэрыхуагъэхьэзырым мазэ къэс къалэхэмрэ къуажэхэмрэ кIуэурэ щыкIэлъоплъ. ЩIыналъэхэм я къалэ, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэми Iуэхум зэрызыхуагъэхьэзырым, зыхуей-зыщыщIэхэм теухуа хъыбархэр мазэ къэс министерствэм кърагъащIэ. ШыщхьэуIум ирихьэлIэу лэжьыгъэхэм я зэхуэдитIыр зэфIагъэкIащ. Къат куэду зэтет псэупIэ унэхэм я процент 64-р хуабэкIэ къызэгъэпэщыным хуагъэхьэзыращ. Шэджэм, Май, Аруан, Бахъсэн, Прохладнэ щIыналъэхэр процент 80-кIэ хуэхьэзырщ. Iуащхьэмахуэ районыр процент 25-рэ къудейщ лэжьыгъэхэм зэрыхунэсар. ЩIыналъэм и псэупIэ унэ 222-м щыщу зэкIэ зэпэщар 57-рэщ. Котельнэ 18-м щыщу хьэзырыр зы къудейщ. Iуащхьэмахуэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм къалэн щащIащ жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэ унэхэмрэ хуабэкIэ къызэрагъэпэщыну. Адрей щIыналъэхэм я котельнэхэр тэмэмщ. Республикэм псы зэрыкIуэ и сетхэр процент 70-кIэ ягъэхьэзыращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и школ псори бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм проценти 100-кIэ зыхуей хуагъэзащ.
ЗэIущIэм хэтащ республикэм и къалэ, район администрацэхэм, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр.