ДыщIигъуащ мин 905-м![]() Республикэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зи чэзу зэIущIэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Какзбек иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ «2030 гъэ пщIондэ, къыкIэлъыкIуэу 2036 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым и Указыр зэрагъэзащIэм. Абы и лъабжьэр жылагъуэр хъумэнырщ, цIыхухэм я узыншагъэр, зэIузэпэщ псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, унагъуэхэр дэIыгъынырщ. ЩIыналъэм зэпымыууэ щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэр мин 905-м щIигъуащ. Республикэр ящыщщ нэхъ гъащIэ кIыхь зиIэ цIыхухэр щыпсэухэм – абыкIэ къэралым и хэгъэгухэм я деж 4-нэ увыпIэр щытIыгъщ. Ди щIыпIэм щыпсэухэм ику иту илъэс 78-рэ къагъащIэ. Апхуэдэу республикэр хохьэ сабий нэхъыбэ къыщалъху, дунейм ехыжхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэу щыщыт хэгъэгуипщIым.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2025 - 17:54 →
Турист унагъуэхэм хуэгъэпсауэ
26.04.2025 - 11:30 →
ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр
26.04.2025 - 10:00 →
ЗэхъуэкIыныгъэхэм трагъащIэ
12.04.2025 - 12:13 →
КъыдэкIуэтей щIэблэм йогугъу
05.04.2025 - 11:01 →
ЗыщыгуфIыкIа тыгъэ
|