ЦIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ![]() 2024 гъэм и щIышылэ – бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Урысей Федерацэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт, псори зэгъусэу цIыху мелуан 1,7-м щIигъу зыщIэс унэхэр. Ар иджыблагъэ жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. «Фэтэр куэду зэхэт унэхэр жыджэру щызэбгъэпэщыжын лъэхъэнэщ гъэмахуэ мазэхэр. Гъэплъыгъуэ зэманыр къэмыс щIыкIэ абыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр зэфIэгъэкIын хуейщ. Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ унэу мин 11,5-м нэблагъэ къэралым и щIыналъэхэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ. Абыхэм щопсэу цIыху мелуан 1,7-м щIигъу. Лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэса иужь, фэтэр куэду зэхэт унэхэм щIэсхэм я псэукIэри ефIэкIуэнущ, тыншыпIи абыхэм ягъуэтынущ. Ди программэхэм щынэхъыщхьэу щытри аращ», - жиIащ Хуснуллин Марат.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





