Егъэджэныгъэ IэнатIэм щынэхъыщхьэ илъэс зэхуэсыр дыгъуасэ щекIуэкIащ Налшык къалэ щIэуэ щаухуа Республикэ къалэн куэд зыгъэзащIэ гимназием. ШыщхьэуIу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Ульбашев Мухьэрбий, федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, «Просвещение» тхылъ тедзапIэм и генеральнэ унафэщI Третьяк Татьянэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс куэдкIэ щылэжьахэмрэ а Iуэхум пэрытхэмрэ.
Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я гимнхэр къеуэу зэIущIэм щIидза нэужь, видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ Налшык къалэ щекIуэкI шыщхьэуIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Кравцов Сергей.
АдэкIэ къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. УнафэщIым фIыщIэ яхуищIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм и ветеранхэм икIи жиIащ дэтхэнэ зы цIыхуми гъэсакIуэр, япэ егъэджакIуэр игу зэрилъыр, я гъащIэ псокIэ гуапэу ягу къызэрагъэкIыжыр.
- Мы гъэм ди республикэм и школхэм ныбжьыщIэ 13700-рэ япэ классым кIуэнущ. Ар зы минрэ ныкъуэкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ щIэтIысхьахэм нэхърэ. 2018 гъэ лъандэрэ еджапIэ 15-м я бжэхэр къыщызэIуахащ ди лъахэм, нэгъабэ школищ къызэIутхащ, мы гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу 6 хьэзырщ. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ, ахэр зэрышколышхуэм, сабий 1000 - 1500-рэ зэрыщIэхуэм, - жиIащ Iэтащхьэм.
Программэм и лей егъэджэныгъэм и гугъу щищIым КIуэкIуэм къыхигъэщащ а IэнатIэми еужьэрэкIыу зэрефIакIуэр, ди республикэм ис школакIуэхэм ящыщу мини 123-р, е процент 70-р, программэм и лейуэ зэрырагъаджэр.
«Мы гъэми делэжьынущ егъэджакIуэм къилэжь пщIэр нэхъри лъагэ щIыным, и лэжьыгъэм хуэфащэ гулъытэ хуэщIыным. Нэгъабэ, ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсым, «Илъэсым и егъэджакIуэ», «Илъэсым и гъэсакIуэ», «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI», нэгъуэщI зэпеуэхэм щытекIуахэм дэтхэнэми - сом мин 200, пашэныгъэ къыщызыхьахэм дэтхэнэми сом мини 100 хухэтхащ. Пэжщ, абыкIэ зэфIэкIыркъым, тщIэн хуейуэ къытпэщылъыр нэхъыбэжщ, ауэ илъэс еплIанэ хъуауэ егъэджакIуахэм я улахуэр хэгъэхъуэным долэжь. 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ улахуэр иджыри проценти 10-кIэ хэхъуэнущ. Мурадыр ди деж къыщалэжьыр Урысейм ику иту къыщахьым хуэдиз щIынырщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы дылъэщIыхьэн щIэддзэ къудейуэ аращ, ауэ ику ит улахуэм дынэсынми куэд иIэжкъым», - жиIащ Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ Казбек къызэрыхигъэщамкIэ, зэIущIэр щекIуэкIа IуэхущIапIэр - Республикэ къалэн куэд зыгъэзащIэ гимназиер - еджапIэ къудейуэ щытынукъым, атIэ егъэджакIуэхэмрэ а IэщIагъэм хуеджэ студентхэмрэ я щIэныгъэр щыхагъахъуэ утыкуу ягъэпсынущ. «Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм 2030 гъэ пщIондэ я Iэзагъыр хагъэхъуэным теухуауэ щыIэ программэм сэбэпынагъышхуэ къызэрыпэкIуэнур си фIэщ мэхъу. ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм епха тхылъымпIэ Iуэхур гъэмэщIэн хуейуэ къызолъытэ, ар сабий гъэсапIэм щылажьэхэми, колледжым щыIэхэми ехьэлIащ. Дэ псоми къыдгуроIуэ зи гугъу тщIы IэнатIэм пэрытхэм я зэманымрэ къарумрэ я нэхъыбэр сабийр гъэсэным, егъэджэным трагъэкIуадэмэ зэрынэхъыфIыр, абы къыхэкIыу ятхын хуейхэмрэ зэлIэлIэн хуей дэфтэрхэмрэ гъэмэщIапхъэщ. Сэ шэч къытесхьэркъым егъэджакIуэхэр дэIыгъынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр дяпэкIи нэхъыбэ зэрыхъунум, абы ипкъ иткIэ езыхэми я лэжьыгъэр зэрефIэкIуэнум» - дыщIигъуащ КIуэкIуэм.
2024 гъэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа Накъыгъэ унафэхэм къыщыгъэлъэгъуа, 2030 гъэ пщIондэ нэхъыщхьэу зэфIэгъэкIын хуейуэ къилъытэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэр Iущу, хэкупсэу, къыщалъхуам хуэпэжу, щIэныгъэ ябгъэдэлъу къэгъэхъуныр.
- АбыкIэ дэ жэуаплыныгъэ ин тхьыуэ къызолъытэ икIи вжесIэну сыхуейщ сабийхэм ябгъэдэфлъхьэ щIэныгъэм къыдэкIуэу гъэсэныгъи яхэфлъхьэн зэрыхуейр. Фэри фощIэ, ди республикэм, къэрал псом и къэкIуэнур зэлъытар лъэныкъуэ куэдкIэ зэчий зыбгъэдэлъ, гъуэгу пэжым тет щIалэгъуалэр, псэкупсэ гъэсэныгъэ зыхэлъ, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зи Iэпэгъу, зи хэку цIыкIумрэ къэралымрэ я тхыдэр зыщIэ, къыщалъхуам иригушхуэ ныбжьыщIэхэр зэрыарар. Ахэр хэтлъхьэфмэщ, дин щIэпхъаджагъэхэм, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэхэм, дэ тхуэмыфащэ хьэлхэм зи щIалэгъуэхэр пэIэщIэ щыхъунур. Мис ар къалэн нэхъыщхьэу къызолъытэ, - жиIащ УнафэщIым.
Iэтащхьэр къытеувыIащ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм я лэжьыгъэр республикэм зэрыщызэтеублам. Иужьрей илъэсищым курыт IэщIагъэм щыхурагъаджэ IуэхущIапIэхэм щIэсхэм я бжыгъэр процент 17,5-кIэ хэхъуащ. А IэнатIэр къызэрагъэщIэрэщIэным иужь итщ, лэжьакIуэхэм щIыналъэр зэрыхуэныкъуэм къыхэкIыу.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор и къэпсэлъэныгъэр триухуащ егъэджэныгъэ IэнатIэм щынэхъыщхьэхэм, япэ игъэщыпхъэхэм, абы ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. ИкIи жиIащ 2024 гъэр УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ IэнатIэм щагъэува къалэнхэр гъэзэщIэнымрэ лъэпкъ проектхэр гъащIэм хэпщэнымрэ я илъэсу зэрыщытар. 2019 - 2024 гъэхэм лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм сом мелард 26-рэ къызэрыхуаутIыпщар жиIащ Езауэм, ахэр ухуэныгъэхэм зэрыхухахар игъэбелджылащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, а илъэсхэм къриубыдэу сабий 3465-рэ зыщIэхуэ сабий гъэсапIэу 55-рэ ящIащ (абы сом мелуан 1721,93-рэ хухахащ), а Iуэхум и фIыгъэкIэ гъэсапIэм кIуэну хуейуэ чэзум щыт щыIэжкъым. Курыт еджапIэхэм я гугъу пщIымэ, ныбжьыщIэ 8238-рэ зыщIэхуэ школ 15 яухуащ, 2024 гъэм школакIуэ 5650-рэ зыщIэхуэ школи 10 ухуэн (сом мелуан 13538,1-рэ) яухынущ. ФокIадэм и 2-м егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу 6-м я бжэхэр къызэIуахынущ, ныбжьыщIэ 4039-рэ щIэхуэу. А псом къищынэмыщIауэ, министрым зэрыжиIамкIэ, еджапIэхэр зэгъэпэщыжынымрэ иджырей технологиехэмкIэ къызэгъэпэщынымрэ щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкI.
- Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ, сабий гъэсапIэхэр зээгъэпэщыжынри иужь къидгъанэркъым. Мы гъэм IуэхущIапIи 4-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI. БлэкIа илъэситхум къэдгъэ-щIэрэщIэжащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу 65-рэ, еджапIэ 13-м лэжьыгъэхэр щокIуэкI, - къыхигъэщащ Езауэ Анзор.
Министрыр убгъуауэ къытеувыIащ и нэIэ щIэт IэнатIэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэми. Иужьрей илъэситхум къайхъулIахэми, зыхунэмысу къэнахэми, мураду зыхуагъэувыжахэми щыгъуазэ ищIащ къызэхуэсахэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ «Просвещение» тхылъ тедзапIэм и генеральнэ унафэщI Третьяк Татьянэ. Апхуэдэуи программэм и лей егъэджэныгъэм сабийм и зэчийм зэрызригъэужьым, щэнхабзэ, тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр лIакъуэкIэ зэIэпыхынымкIэ унагъуэ тхыдэмрэ хабзэмрэ сэбэп зэрыхъум, сабийм и гъэсэныгъэр гъэсапIэм къызэрыщыщIидзэм теухуауэ къэпсэлъащ IэщIагъэлIхэу Мысыр Фаридэ, Щоджэн Руслан, Доткъул Екатеринэ сымэ.
ШыщхьэуIу зэIущIэм щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ пэрытхэр, цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и ветеранхэр, егъэджакIуэ унагъуэхэм къахэкIахэр.
Сурэтыр тезыхар Къарей Элинэщ.