ШыщхьэуIум и 22-м Налшык щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр. «Къэрал ныпыр - щIыхьым и дамыгъэщ» зыфIаща пшыхь-пэкIур Абхъазым и утым къыщызэригъэпэщат «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием.
Къэралым и лъэщагъым, и тхыдэмрэ лIыгъэмрэ я дамыгъэу къэплъытэ хъунущ ныпыр. Ар къэралым и щIэныгъэ къэхутэныгъэшхуэхэм, спорт, щэнхабзэ ехъулIэныгъэхэм щыхьэт техъуэу сыт щыгъуи къэгъуэгурыкIуащ. Ди зэманми мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхугъуи блэкIыркъым ныпыр къамыIэту: зэгурыIуэныгъэхэр щызэращIылIэм къыщыщIэдзауэ спорт зэхыхьэхэм щыщIэкIыжу.
Плъыфищу зэхэт къэрал ныпым и пщIэр кърагъэлъагъуэу, пшыхьыр зыгъэхьэзырахэм я мурадыр къайхъулIащ. ЩIыналъэ унафэщIхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр, СВО-м хэтхэр, налшыкдэсхэр, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIахэр утыкум къыщызэхуэсат зэрызэкъуэтыр къагъэлъэгъуэну, хэкупсэ уэрэдхэм едэIуэну.
«Къэбэрдей-Балъкъэр» телерадиокомпанием и унафэщI Къэзанш Людмилэ жиIащ пшыхьыр япэщIыкIэ апхуэдэу ину ирагъэкIуэкIыну зэрамыгугъар, арщхьэкIэ а мурадыр КъБР-м и Iэтащхьэм къазэрыдиIыгъам къыхэкIыу, республикэ мыхьэнэ иIэу къызэрызэрагъэпэщар. «Илъэс 30 ипэкIэ УФ-м и Къэрал Думэм дэфтэркIэ щIигъэбыдауэ щытащ Урысейм и гимнымрэ плъыфищу зэхэт ныпымрэ. Абы ипкъ иткIэ ди пшыхьыр зытеухуар къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэращ», - къыхигъэщащ абы.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек махуэшхуэмкIэ республикэм щыпсэухэм зэрехъуэхъу и тхыгъэм къыщыхигъэщащ къэрал ныпыр ди лъэпкъ дамыгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр, тхыдэшхуэ зиIэ, щэнхабзэ къулей зыбгъэдэлъ Хэкум дызэрыщыпсэур тщимыгъэгъупщэу ар къызэрыддэгъуэгурыкIуэр. «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэщ къэрал ныпыр. Ди хэкуэгъухэм я лIыхъужьыгъэм, къэралым и лъэщагъым дригъэпагэу ар щытщ. Ди къэрал ныпыр яIыгъыу, мы зэманым дзэ Iуэху хэхам ди щIалэхэри хэтщ. Дэ ди къалэнщ щIэблэм я Хэкур фIыуэ ялъагъуу, къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэм пщIэ хуащIу ахэр къэдгъэтэджыну. Си фIэщ мэхъу, Къэрал ныпым иджыри ехъулIэныгъэ куэд зыIэрывгъэхьэным фызэрытригъэгушхуэнур», - жеIэ республикэм и Iэтащхьэм.
Махуэшхуэр зэрагъэлъапIэм хэтыну къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ Залым. Абы жиIащ Къэрал ныпым и махуэм Урысейм и тхыдэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ ягу къагъэкIыж зэрыхабзэр. «Ар я дамыгъэ нэхъыщхьэщ мы зэманым Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэм. Мызэ-мытIэу къэрал ныпыр къызэраIэтым къегъэлъагъуэ абыхэм я ехъулIэныгъэхэри, - жиIащ Къуэшырокъуэм. - Иджыпсту Урысейм къыгухьэ- ну хущIэкъухэм я хъуэпсапIэр зыщ - я къэкIуэнур мамыру, цIыхугъэрэ гущIэгъукIэ гъэнщIауэ зэрыпсэунырщ. Ди лIыхъужьхэм дохъуэхъу ТекIуэныгъэ къытхуахьу, узыншэу дэтхэнэри и унагъуэм къекIуэлIэжыну. Нышэдибэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи дыхэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэрагъэпэщауэ. ЩIалэгъуалэм даIущIати, упщIэ къаIэтащ ныпым къищынэмыщIа, къэралым и дамыгъэу къэплъытэ хъунум теухуауэ. Нэхъыжьри нэхъыщIэри зы гупсысэм дыхуэкIуащ: ди дамыгъэ нахъыщхьэр - лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу зэхэс, зи блэкIам пщIэ хуэзыщIыж, къэкIуэнур пэжагърэ хахуагъэкIэ зыухуэ цIыхубэращ. Сынывохъуэхъу махуэшхуэмкIэ, ехъулIэныгъэхэр фиIэну си гуапэщ».
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа Сердюков Станиславрэ Мэкъуауэ Кристинэрэ («Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и лэжьакIуэ-хэщ) утыкум кърагъэблэгъащ «Тэрч къэзакъхэр» IуэрыIуатэ гупыр. Абы иужь иту, республикэм и уэрэджыIакIуэ щIалэ Кумыщ Атмир «Си къэралым и ныпыр» уэрэдыр жиIащ.
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн утыкум игу къыщигъэкIыжащ и сабии-гъуэм щыщ пычыгъуэ: СССР-м и гимныр къеуэу, Олимп джэгухэм щытекIуа урысей спортсменхэр ягъэлъапIэу телевизоркIэ къыщагъэлъэгъуэжам, абы еплъа ныбжьыщIэхэм а Iуэхугъуэр щапхъэ яхуэхъуауэ зэрыщытар, цIыхубэр абыхэм зэрырипагэм хуэдэу езыхэри хъуну щIэхъуэпсу, хуэпабгъэу къызэрытэджар. «Сыт щыгъуи ди Хэкум дригушхуэу щытащи, дяпэкIи дызэкъуэтынущ! «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэр» псом япэу зытелажьэр къэкIуэну дахэращ, ди щIэблэращ. Ди сабийхэм Хэкум ехъулIэныгъэ куэд къыхуахьыну си гуапэщ. Шэч къытесхьэркъым къытщIэхъуэ щIэблэм дызэрырипэгэнум», - жиIащ Шыпшым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ лъэпкъ куэду зэхэт къэралыр махуэшхуэм зэрызэкъуигъэувэр. «Лъэпкъ къэс езым и нып иIэжщ, ауэ Урысейм ейр - псоми ди зэхуэдэ хъуащ. Урысейм и ныпыр нобэ къыщаIэт нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми. Абы къегъэлъагъуэ ныпым пщIэшхуэ зэриIэр, - къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм. - ЗэрыфщIэщи, иджыблагъэ УФ-м и Президент Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ ди хьэщIащ, республикэм и IуэхущIапIэхэм зыщиплъыхьащ. Шэч хэмылъу, ди къэралым и па- шэр щыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыужьыныгъэу игъуэтам. УФ-м и Къэрал ныпым ирипагэу яIыгъщ Хэкур зыхъумэу мы зэманым дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къыщахьу, ди къэралри абы и ныпри тхуэзыхъума ди лIыхъужьхэри. Мамыру дяпэкIи дыпсэун щхьэкIэ, къэрал ныпым зы къарууэ дыщIэувэн, цIыхубэм я зыужьыныгъэм зэран хуэхъу-хэм дапэщIэтын хуейщ. Сыхуейт дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхи-щIэу, нобэрей махуэшхуэм и мыхьэнэр къыгурыIуэну, зэрызыдужьынум зы гъуэгукIэ дрикIуэну».
Пшыхьым зыкъыщагъэлъэгъуащ КъБР-м и Музыкэ театрым и солистхэу Езауэ Азэмэт, Саенкэ Евгение, Есин Евгений сымэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу Быгуэ Таминэ, Налетовэ Дианэ, «Инканто» гупым хэтхэу Апэнэс Беллэрэ Ким Викторрэ, ЗекIуэрей Азэмэт, «Шардан» ансамблым и бэрэбанауэ гупым. КъБР-м и Музыкэ театрым и хорым игъэзэщIащ Урысейм и гимныр. ЦIыхухэм удз гъэгъахэмкIэ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и теплъэр Абхъазым и утыкум щащIащ, пшыхьыр екIуэкIыху.
Дауи, Урысейм и ныпым Пётр Езанэм и зэман лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтурэ къэгъуэгурыкIуащ. Плъыфищыр зиIэ ныпыр XVII лIэщIыгъуэм сату зыщIэ урыс кхъухьхэм къыщыунэхуат. Николай ЕтIуанэр и пащтыхьыгъуэм щытеувэ дыдэм ирихьэлIэу, 1896 гъэм, хужь-щIыху-плъыжь ныпыр къэрал дамыгъэу ягъэувауэ щытащ. Абы ипэкIэ, фIыцIэ-гъуэжь-хужь ныпырщ къэралым зэрихьар. 1917 гъэ пщIондэ «триколорыр» къэрал ныпу къекIуэкIащ, иужькIэ Совет властым ар зэрихъуэкIат Бэракъ ПлъыжьымкIэ. Урысейм хужь-щIыху-плъыжьу и къэрал ныпыр щигъэувыжар 1994 гъэм шыщхьэуIум и 22-рщ. Нобэ ди къэрал ныпыр хьэршми, Ищхъэрэ, Ипщэ полюсхэми щыIащ, ЩIы хъурейм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэми ар дахащ. Ди къэрал ныпыр дуней псом къыщацIыху, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьы-гъуэхэмкIэ ар мызэ-мытIэу нэгъуэщI къэралхэми къыщаIэтащ. ЗэрытщIэжщи, Урысейм и махуэм и щIыхькIэ, дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ «Бурдж Халифэ» унэ зэтетым (Дубай къалэм) и лъагагъкIэ нэгъабэ ди ныпыр тридзэу ящIауэ щытащ. Апхуэдэуи мы гъэм УФ-м и Президентыр КНДР-м щеблэгъами, Пхеньян и уэрамхэм Урысейм и Къэрал ныпымрэ Путин Владимир и сурэтымрэ щыплъагъуу къызэрагъэпэщащ. Ди къэралым и пашэр Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щыщыIам, Абу-Даби и щхьэщыгум кхъухьлъатэхэмкIэ ди ныпым и теплъэр хужь-щIыху-плъыжьу иратхъат.
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпыр къыщIэтIэтын ехъулIэныгъэхэр дяпэкIи диIэну Тхьэм жиIэ!
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.