Кубадэсхэм папщIэ

Бахъсэн щIыналэм хыхьэ Куба къуажэм «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ мыгувэу къыщызэIуахынущ щIыпIэ дахэ, зэщIэкъуа.
Къуажэдэсхэр щызэхуэзэну, зыщагъэпсэхуну а щIыпIэм хухаха метр зэбгъузэнатIэ 650-р тротуар плиткэхэмкIэ къращIыкIынущ, тетIысхьэпIэхэр кърагъэувэкIынущ, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуэнущ, ихъуреягъкIи къэкIыгъэ щхъуантIэхэр кърагъэтIысэкIынущ. 
ЗэIузэпэщ ящIыну щIыпIэр курыт еджапIэ №1-м и Iэгъуэблагъэм хуозэ икIи лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIа нэужь, къуажэдэсхэм Iэмал яIэнущ хьэуа къабзэм хэсу абдежым зыщагъэпсэхуну, еджакIуэ цIыкIухэми я нэгу зыщрагъэужьыну, щыджэгуну. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэхэм ущыпсэуныр тынш щIын» къэрал программэм и фIыгъэкIэ 2030 гъэм ирихьэлIэу цIыхухэм я псэукIэр хуэдэ 1,5-кIэ ирагъэфIэкIуэн мурадхэр щыIэщ. 
Программэм и фIыгъэкIэ цIыхухэр куэду щызэхуэс, щызэхуэзэ щIыпIэхэр, паркхэр, псы Iуфэхэр зэIузэпэщ ящI, зыхуей хуагъазэ, урысейпсо пэхуэщIэхэр, зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщ. Къуажэхэм, къалэхэм щыпсэухэм, зи ныбжьыр илъэс 14-м щIигъуахэм, Iэмал яIэщ апхуэдэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэм хэтыну икIи щыпсэу щIыпIэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ яIэ гупсысэхэр абы щыжаIэну. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также:

11.11.2025 - 13:30 Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 12:30 Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 11:00 Псы къабзэм егугъуу
09.11.2025 - 11:20 ЩIалэщIэм и мурадхэр