Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм яIуощIэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэу Воронов Валентин, Мэзло Заурбэч, Хъалил Аслъэн, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр спортым хэшэным хуэлажьэ и еджапIэм и унафэщI Кулюшин Александр сымэ. И лэжьыгъэкIэ и Iуэху хуэмыкIуэу зэIущIэм кърихьэлIэфакъым Базиев Магомед. Спортсменхэм Ставрополь щекIуэкIа «Хэкум и хъумакIуэхэм я кубок» щIыналъэ зэхуаку зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм, Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм щыщу дзэ Iуэху хэхам и ветерани 130-м щIигъу.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





