Крахмалымрэ жылапхъэхэмрэ![]() «Россельхознадзор»-м и щIыналъэ Управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш продукцэхэр зыхуригъашэ хамэ къэралхэм къахэхъуэ зэпытщ: абыхэм къахыхьащ Къыргъыз республикэр. IэщIагъэлIхэм къапщытащ а къэралым хурагъэша нартыху крахмалу тонни 189,75-м яIэ фIагъыр зыхуэдар икIи щыIэ фитосанитар хабзэм къемызэгъ абыхэм къахэкIакъым. Апхуэдэуи 2024 гъэм и шыщхьэуIум къриубыдэу а IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм къапщытащ гуэдз лъэпкъыфIхэм я жылэу килограмм 700. Ахэр хурагъэшащ Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыпIэхэм, Краснодар крайм, Кърымым, Тэтэрстаным, Мордовием, Башкирием, Марий-Элым, нэгъуэщI щIыналъэ 28-м. Абыхэм гуэдз жылапхъэхэр щыхасэнурэ ахэр къызэрыхъу щIыкIэр, гъавэм и бэвагъ хъунур, нэгъуэщIхэри зрагъэщIэнущ.
Поделиться:
Читать также:
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
| ||





