Бланэ щалъху мэкIуэж

Ди къуэш республикэм къэ­рал, политикэ, жылагъуэ лэ­жьакIуэ цIэрыIуэу, адыгэлI хэкупсэу, куэдым пщIэ хуащIу щыпсэу цIыху щыпкъэщ Дер Вячеслав. Абы и ныбжьыр шыщхьэуIум илъэс 75-рэ ирикъуащ. ГъащIэ гъуэгуанэ кIыхь икIи купщIафIэ, Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэн­щIа къызэринэкIащ, политикэ иным­рэ хьэрычэт Iуэхуш­хуэ­хэмрэ и курыкупсэм хэтащ ар. 

Илъэс 15 мэхъу Вячеслав ­политикэм къызэрыхэкIыжрэ. Пенсэм нэмыс щIыкIэ, и ныбжьыр тIэкIу нэхъ хэкIуатэмэ, ищIэнумрэ щыпсэунумрэ егуп­сысащ, уеблэмэ, щIыпIэри къыхихащ. ЩIым, къэкIыгъэм, псэущ­хьэм и псэр зэрапэгъунэ­гъум къыхэкIыу, ухуэныгъэшхуэу зэхэтыну ранчор нобэ егъэпс. Адыгэ къуажэ теплъэ зиIэ хэ­щIапIэшхуэм и цIэр «Бибердщ». 
ЩIы IэнэщIыр къызэрыхухьа пхъэ зэкIэрыIулIахэр нэгум ­къы­Iуидзэу зыкъомрэ ублэжа нэужь, пхъэ куэбжэ лъагэм унос. Удэ­лъэда нэужь, нэм къип­лъы­хьыр мэзыщхьэ бгыхэмрэ тафэ сэтейхэмрэщ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ - жыг, нэгъуэщI къуапэхэмкIэ - мэкъу Iэмбатэ. Ранчом и инагъыр нэр здынэплъысым нэхърэ нэхъы­бэщ. Унэ лъабжьэр мы­вэ­кIэ зэ­телъхьарэ ятIэкIэ яйя блынхэм сэху къетыжауэ апхуэдэщ. А бгъэ­ныщхьэ унэм Iут пырхъуэм къыщIоувыкI дуней хъурейр ­къэ­зыкIухьу Iуэху куэд къезы­хьэлIа, щалъхуа щIыпIэжь иджы къе­кIуэлIэжа адыгэлIыр. Сэламыр зэфIэкIа нэужь, журналистхэм зэрахьэлу, ихъуреягъыр къыдоп­лъыхь, псори тфIэгъэ­щIэгъуэнщи, дыщIэупщIэн щIыдодзэ.
- Елбургъэн абазэ жылэщ. Илъэс 20 сыхъуху сыдэсащ мы­бы. Си анэр мыращ зыщы­щыр. Мы щIыпIэхэр фIыуэ соцIыху. Франджым сыкIуауэ сы­щыIат мыпхуэдэ зы хэщIапIэ, сехъуэп­сат. Зэман дэкIри, зэзгъэ­пэ-щащ. СыкъэкIуэжауэ шым сы­тесу къызэхэскIухьырт, мыбдеж щыпщI хъунум сегупсысу. Уа­дыгэу, адыгэш утесу щхьэ жыжьэ угупсысэн хуей, псом япэу шы бгъэхъун хуейуэ аракъэ?! Дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым зыкъегъэужьыжын, гъэбэгъуэн ­хуейщ. Абы теухуауэ сщIэр сфIэмащIэти, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым сыкIуащ нэхъыбэ зэзгъэ­щIэну, шыр зэрагъэхъум, зэре­лэ­жьым зыщызгъэгъуэзэну. Пэжщ, шы зиIэхэр щыIэт, ауэ сыз­дэщыIа гъэхъупIэхэр абы пы­щIа­хэмкIэ къызэгъэпэщатэкъым… 
Иджыпсту шыуэ 100-м нэблагъэ сиIэщ, моуэ тIэкIу къызэ­хэфкIухьмэ, флъагъунущ абыхэм ящыщи. Нэхъапэм шы лъэп­къыфI цIэрыIуэхэри яхэтащ, ауэ сэ адыгэшым зестыну мурад щысщIым, ахэр хэзгъэкIащ. Шы заводри мы илъэсым и кIэ хъухукIэ къызэIутхыну ди мурадщ, - къыддогуашэ Вячеслав. 
Ранчор гектар 612-рэ мэхъу. Абы куэд дищIыхьыну зегъэ­хьэзыр Дерым. Шэрджэсми ­абазэми зэхуэдэу яхущыт адыгэ­лIым и хэщIапIэр а лъэпкъитIми яйуэ игъэпсыну хуейщ. 
- Си анэр абазэщ, си адэр адыгэщ. Дерхэ зэкъуэш респуб­ликищми щопсэу, къыздикIар Къэ­бэрдейращ. Дерхьэблэ Бахъ­сэнёнкэ и гъунэгъуу щысащ. Сэ сытым дежи жызоIэ сызэ­ры­адыгэр. Фэри фощIэж: къыхэтхыкIыр щекIуэкIым зэдауэ къэ­хъуат, псоми шэрджэсу зевгъэтх жаIэу, ар ямыдэу лIакъуэцIэ­хэмкIэ зезыгъэтхыну хуейхэри ны­къуакъуэрт. Хэту фыхуейми сыфтх, сэ сыадыгэщ, ар зэи ­сщыгъупщэнукъым икIи зыми сыхэгъуэщэнукъым, жысIащ. 
Адыгэ къуажэм ещхь хэщIапIэущ мыр зэрыщытынур, и теп­лъэмкIэ адыгэ псэукIэр уи нэгу къыщIигъэхьэу. Апхуэдэу кот­тедж 30 дэсщIыхьынущ, мес мо флъагъу бгъэныщхьэ унэм хуэ­дэщ, ауэ и кIуэцIыр, дауи, иджы­рейуэ гъэпсауэ, цIыхум къигъэсэбэпыну псори иужьрей ­мардэхэм изагъэу щытынущ, дэтхэнэми цIэ иIэнущ, унэлъащIэхэм я лIэужьыгъуэкIи зэщ­хьэщыкIынущ. Абы нэмыщI, хьэ­щIэщу щы дэтынущ, псори зы ­къат фIэкIа мыхъуу, цIыху 200 - 300 зыщIэхуэ шхапIэри апхуэдэу зэпэщу згъэпсынущ. Дауи, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я нэгу зыщрагъэужьын, зыщагъэпсэхун щIыпIэхэри иIэнущ, гуэлитI - зым бдзэжьей щещэу, зым зыщагъэпскIыу, парк, шэщ… Куэд си мурадщ сэ. 
МафIэ цIыкIуу къежьар мафIэшхуэ хъуащ жыхуиIэм хуэ­-дэу, адыгэшым зыкъезгъэу­жьы­жыну Iуэхур езгъэжьауэ арами, туризм унэтIыныгъэм сыхуэ­кIуащ. Сыт щхьэкIэ? Япэрауэ, мы щIыпIэр щилъагъум, ди ­республикэм и Iэтащхьэм псом япэу къызита чэнджэщыр - ди цIыху­хэми зыщагъэпсэху, туристхэри къызэкIуалIэ щIыпIэ сщIынырщ, етIуанэрауэ, си шы­хэр зэрытын, щалъагъун утыку сыхуейт. Ди деж шууэ къы­щыбжыхь хъунущ, - жеIэ ди бы­сымым.
Дерым зи гугъу ищIыр хуаб­жьу проект инщ, мылъкуи лэжьэгъуи хуеинущ. Къапщтэмэ, иджыри къэс иIа хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм туризмэр хэтакъым икIи а унэ­тIыныгъэр езым и дежкIэ щIэуэ къелъытэ. ИтIани и мурад псори илъэситIым къриубыдэу зэ­фIи­гъэкIыну и гугъэщ, игурэ и щхьэ­рэ зэтелъщи. Сыт а къарур къы­хэзылъхьэр? ГукIи псэкIи зэ­рыадыгэрщ, и хэкужь и щIапIэжь зэрисыжырщ. 
- Мыр дуней псом щыпсэу адыгэр щызэхуэс щIыпIэ сщIыну сыхуейщ, нэгъуэщI къэрал, лъэпкъ щыщхэм я дежкIи зыгъэпсэхупIэ зэгъэпэщауэ. Ауэ сыт хуэдэ Iуэхуми егъэлеиныгъэр щызэранщ. Сэ сыхуейкъым нэм илъагъу псори уи гур къэ­зыуIуэ лъэпкъ нэщэнэ, дамыгъэ защIэу щытыну. Адыгэм зэи хэ­лъакъым иIэр адрейм и нэм щIиIуу, ищIэрт къыщыувыIэжын хуейр. Абы къыхэкIыу, адыгэ ­къуажэ цIыкIум дэтынухэр бгъэ­ныщхьэ унэщ, адыгэ хьэпшыпхэм ущрихьэлIэнущ, уеблэмэ ­хьэку щIэтынущ. Ауэ унэхэми шхапIэхэми я кIуэцIыр гъэпсауэ зэрыщытынур иджырей зэма­ным тетущ. Егъэлеиныгъэ хэс­-лъ­хьэнукъым, - жеIэ Дерым. 
Псалъэм папщIэ, джэдлыбжьэм, пIастэм, лы гъэгъуам, мэ­лыл гъэвам хуэдэу, езым и гуэ­лым хэс осетрри щапщэфIынущ. «ЦIыхур дэнэ кIуэми, сыт хуэдизу и нэгу зиужьми, и ныбэ изу IэфIу щымышхэмэ, зыри и мы­хьэ­нэ­къым. Абы къыхэкIыу, зы­хуеинкIэ хъуну псори IэфIу щапщэфIынущ», - къыхегъэщ гъащIэм и пIа­лъэ зыщIэ лIым. 
Дерым и хэщIапIэм жыг мини 10 щигъэтIысащ, иджыри мин 20 хисэну и мурадщ, мызыгъуэгукIэ лIэужьыгъуи 100 иIэщ. 

 

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: