Iуэху пщIыр Iуэху мэхъу

Театрымрэ киномрэ я режис­сёр цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ республикищым ис адыгэ ­лъэп­къыр зэшэлIэным гуащIэу хилъ­хьар мащIэкъым, ноби зи ужь итыр аращ. Ар иджыпсту Черкесск щолажьэ, Акъ Му­хьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс къэрал драмэ театрым и унафэщIым и къуэдзэщ - Теат­рым и режиссёр нэхъыщхьэщ. Черкесск дыщыщыIа махуэхэм шэрджэс театрым и лэжьэгъуэ пIалъэр къызэIуихыжу къигъэ­лъэгъуащ Андзор игъэува «Сандро» спектаклыр.

- Урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Искандер Фазиль и Iэдакъэ­щIэкI­хэмкIэ шэрджэс тхакIуэ Бемырзэ Зураб тхуигъэхьэзыра пьесэщ мыр, - жеIэ Андзор. - БлэкIа театр пIалъэр мыбы и премьерэмкIэ зэхуэтщIыжащ, къыкIэ­лъы­кIуэ­ри къризэIутхащ. ЦIыхум ягу ирихьауэ мы гъэм дгъэлъэ­гъуахэм ящыщщ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 225-рэ щри­къум ирихьэлIэу, абы и рассказхэм Бемырзэм и гъусэу къыхэтщIыкIа пьесэр. «Ди Пушкин» спектаклыр нэхъыбэу яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ щIалэгъуа­лэм. Ар лъэхъэнитI зэзыпх теп­лъэгъуэт - актёрым и Iэпкълъэпкъ лъэныкъуэр иджырейуэ, адрейр пасэрейуэ хуэпат, утыкури апхуэдэ дыдэу гъэпсат. Сэ сызыхуеяр иджырей щIалэгъуа­лэм Пушкиныр нэхъ гъунэгъуу зыхащIэнырт, ар пасэрей тха­кIуэщ жамыIэу. ИкIи къызэхъу­лIауэ къысщохъу. Еплъыну къа­кIуэ ныбжьыщIэхэр залымыгъэ­кIэ къашэу аратэкъым, езыхэм я жэрдэмкIэ къекIуалIэрт, уеб­лэ­мэ, зэ къэкIуахэм я ныбжьэгъу­хэр къашэурэ къытрагъазэрт.  Мы фокIадэм ар иджыри щагъэлъэгъуэнущ Карачаевск, Черкесск, Адыгэ-Хьэблэ, Хьэбэз. 
Сэ комедиещIэ гъэувыным иужь сихьэнущ, зэрыунагъуэу ­къакIуэу еплъ хъууэ, дерс гуэр къыхахыу. 
ЕмкIужыр зы IуэхукIэ зэи къэувыIэркъым, атIэ зыбжанэ зэдещIэ. Гъэ еджэгъуэщIэм ар ирагъэблэгъащ Даур Аслъэн и цIэр зэрыхьэу Черкесск дэт Щэнхабзэмрэ ГъуазджэмкIэ колледжым щригъэджэну. «Мыр си лэжьыгъэ нэхъыщхьэмкIэ сэбэп хъунущ, - къыддогуашэ ЕмкIужыр. - Актёр, режиссёр хъуну хуейуэ а IэщIагъэр къыхэзыхахэм си щIэ­ны­гъэр, Iэзагъыр зэрабгъэдэс­лъ­хьэным нэмыщI, адыгэбзэм ирипсалъэхэр къахэсхынурэ шэр­джэс театрым къесшэлIэнущ. НобэкIэ абыхэм ящыщу щы къы­хэсхауэ, си спектаклхэм щы­зогъэджэгу. Адыгэ театрым хуэдабзэу, адрей лъэпкъ театрхэми кIуэнущ щIалэгъуалэр». 
Театр гъуазджэм хуэдэ дыдэу киноми жыджэру щолажьэ Ан­дзор. Иджы зыхуегъэхьэзыр полнометражнэ фильм гъэщIэгъуэн трихыну. Куэд щыгъуазэщ Ле­нинград блокадэм къыдаша сабийхэр КъШР-м и Беслъэней адыгэ къуажэм дэсхэм къы­зэ­рырагъэламрэ зэрапIамрэ. 
Беслъэнейдэсхэм я лIыгъэм теухуа хъыбарым фильм къытепщIыкIыну тыншкъым, ауэ Ан­дзор зрипщытащ. 
- Сценарийри сметэри хьэ­зырщ, щытетхыну щIыпIэхэр къы­хэтхащ. ДяпэкIэ ахъшэкIэ зыкъытщIэзыгъэкъуэнухэр къыдолъыхъуэ. Ди проектыр УФ-м и Президентым и грант щат зэ­пеуэхэм идгъэхьащ, абы нэ­мыщкIэ Кавказ кином зезыгъэужь фонд къызэIутхауэ абыи ахъшэ къытхурагъэхьмэ, сэбэп хъунущ. Реквизитхэр, нэмыцэ щыгъынхэр Москва къитшыжын хуейщ, «Мосфильм»-р абыкIэ сэ­бэп хъунущ, ауэ ахэр къапшэу мыбдеж къыщыбгъэсэбэпу пшэ­жыным мылъкушхуэ токIуадэ. Абыхэм яхэтщ машинэхэр, мо­тоциклхэр, Iэщэ-фащэхэр. Ап­хуэдэщ мафIэгу вагонхэри, вагон зытхух дыхуейщ а цIыкIухэр къы­зэрыракIутэмрэ къызэ­рыкIуэцI­рашымрэ тетхын папщIэ. Мыбы щыщхэм я щыгъынхэр мыбдеж щедгъэдыфынущ, - къыддогуа­шэ режиссёрыр. 
- ЩIыпIэ телъыджэ иIэщ Дер Вячеслав, дяпэкIэ хьэщIэщхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, шхапIэхэр ­щиухуэ къудейуэ. Абы деж ды­щыIащ, и хэщIапIэр хуит къыт­хуищIыну икIи къыддэIэпыкъуну дыкъигъэгугъащ. Фильмым и процент 90-р абы и пщIантIэм щытетхынущ, абы папщIэ дэ дызыхуей ухуэныгъэхэр дэт­щIыхьынущ, итIанэ Ленинград, Новороссийск сценэ гуэрхэр ­щытетхынущ. 
Мыр документальнэ фильмкъым, атIэ художественнэщ. ­Лъабжьэ хуэхъур къэхъуа Iуэхущ. Дауи, мыбы режиссёрым и еп­лъыкIэ хэслъхьэнущ, сызэры­хуейуэ згъэщIэрэщIэнущ, ауэ щы­мыIарэ къэгупсысарэ хэты­нукъым, художественнэ Iэмал къэзгъэсэбэпыну аркъудейщ. Cценарийр зытхар Хьэкъул Ратмирщ, - къыджиIащ ЕмкIуж Андзор. 
 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: