Адэ-анэхэм я зэхуэс![]() Илъэс къэс, 2014 гъэм щегъэжьауэ, Адэ-анэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэмрэ Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Адэ-анэхэм я урысейпсо зэхуэс» зэIущIэр. Абы хэтхэм Iэмал яIэщ адэ-анэхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, абыхэм я гупсысэхэм щIэдэIуну, егъэджэныгъэм ехьэлIауэ къэралым щылажьэ пэхуэщIэхэмрэ программэхэмрэ я фIагъыр къагъэлъэгъуэну, ныкъусаныгъэхэр сэтей къащIыну, УФ-м ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм ахэр и пащхьэ иралъхьэну, егъэджэныгъэ IэнатIэм щIэуэ къыхыха Iуэхугъуэхэмрэ абыхэм адэкIэ зэрызаужьынумрэ тепсэлъыхьыну. Адэ-анэхэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэщ курыт еджапIэхэм щIэс я сабийхэм ятеухуауэ школхэм нобэ къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм зыщагъэгъуэзэныр. «Адэ-анэхэм я урысейпсо зэхуэс» зэIущIэм щIидзэнущ фокIадэм и 11-м сыхьэт 12-м. Ар щекIуэкIынущ Мэзкуу къалэм щыIэ «Урысейр нобэ» медиагруппэм и пресс-центрым.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





