Турист кIуапIэхэр![]() Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, «Росстат»-м къита хъыбархэм ятещIыхьауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр къэралым щиIыгъщ щIыналъэхэм ику иту зы жэщ нэху къыщекIа туристхэм я бжыгъэмкIэ. 2024 гъэм республикэм ику иту жэщ-махуи 6,9-кIэ хьэщIэхэр ди деж къыщызэтеувыIащ. Псалъэм папщIэ, Севастополь къалэм ику иту жэщ-махуи 6,2-кIэ къыщыувыIащ, Кърымым - махуихкIэ, къэралыр псор къапщтэмэ – махуиплIкIэ. 2024 гъэм и щIышылэ - бадзэуэгъуэ мазэхэм псори зэхэту ди деж жэщу щагъэкIуам и бжыгъэм проценти 10-кIэ хэхъуащ 2023 гъэм елъытауэ икIи мелуани 195-рэ хъуащ. Къэралым и щIыналъэхэр зэзыгъэлъагъуну къэзыкIухь туристхэм я бжыгъэр дызэрыт илъэсым и ипэ мазиблым мелуан 48,7-м нызэрыхьэсащ, ар процент 11,7-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ нэхърэ. Абы нэхъыбэу къыщыхэхъуар бадзэуэгъуэрщ – туристу мелуани 9,99-рэ зыплъыхьакIуэ ежьащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, къэралым и цIыхухэр нэхъыбэу здэкIуэ щIыпIэхэр Мэзкуу, Санкт-Петербург къалэхэрщ, Краснодар крайрщ, Мэзкуу областырщ, Тэтэрстанырщ. Ауэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Ингушыр, Шэшэныр, Дагъыстаныр, адэкIэ Якутиер, Амур областыр, Хабаровск крайр зэзыгъэлъагъуну хуейхэм я бжыгъэм псынщIэу зэрыхэхъуэмрэ и куэдагъымкIэ япэ итхэщ. ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, 2024 гъэм и япэ мазихым Къэбэрдей-Балъкъэрым туристу мин 800-м нэблагъэ къэкIуащ. 2023 гъэм къапщытэж лъэхъэнэм хуэзэу щыIа бжыгъэм нэхърэ процент 28-кIэ ар нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





