Нартыху гъавапхъэмрэ Iусыпхъэмрэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыхур Iухыжыным щоужьэрэкI. ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, мы гъэм а къэкIыгъэм хухахащ гектари I28-м щIигъу. Ар нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэщ. Республикэм къыщрахьэлIэж а гъавэм крупа, хьэжыгъэ, спирт, крахмал, Iэщым ирагъэшхын Iусыпхъэ зэхэлъхэр, нэгъуэщIхэри къыхащIыкI. Абыхэм елэжь IуэщIапIэхэри щIыналъэм щыIэщ. Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым нартыхум къыхэщIыкIа крахмал гъущэу тонн мин 13 республикэм къыщыщIагъэкIащ, нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 12-кIэ нэхъыбэщ. Химие пкъыгъуэхэр зыхалъхьа, зи зэхэлъыкIэм зрагъэхъуэжа крахмалу тонн мин 24-рэ къыщIагъэкIащ е 2023 гъэм и япэ мазихым щыIа бжыгъэхэм проценти 140-кIэ хуэкIуэу. Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу нартыхур нэхъыбэу зыхэлъ Iусыпхъэу къыщIагъэкIам и куэдагъыр тонн мин 58,4-рэ хъуащ е нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ процент 54-кIэ нэхъыбэ. А псом къадэкIуэу, ди республикэм нартыхум зэрыщелэжьым имызакъуэу, абы и жылапхъэхэр нэгъуэщI щIыналъэхэми хурагъашэ. Абы нэмыщI, мыри къыхэбгъэщыну гуапэщ - Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я деж Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыху гъэкIынымкIэ бжьыпэр щиIыгъщ. 2023 гъэм нартыхуу псори зэхэту тонн мелуан 1,05-рэ республикэм къыщрахьэлIэжащ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





