Азэмэт и IэрыкIхэм лъэпкъыр егъэбей

Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI Iуэху щхьэ­пэхэм ящыщщ IэпщIэлъапщIагъэр. Абы дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, жэзым, пхъэм, фэм, гъущIым зыхуеину хьэпшыпыр къыхищIыкIырт, унагъуэм къыщигъэсэбэпынухэмрэ унэлъащIэмрэ и IэкIэ зэригъэпэ­щы­жыфырт. Нобэ апхуэдэ Iэзагъ зыбгъэдэлъхэр адыгэ нэсу къэ­плъытэ хъунущ. Хьэбэз къуа­­жэр къулейщ апхуэдэ цIыхухэмкIэ. МызыгъуэгукIэ зэдгъэ­цIыхуахэм ящыщщ Ады­шэс Азэмэт. 

Абы Хьэбэз курыт еджапIэм биологиемкIэ щрегъаджэ. Езым къиухар Адыгэ къэрал универ­ситетым биологиемкIэ и факультетращ. ЩIалэ акъылыфIэм, зэчиифIэм, дерс нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу, щIэблэр лэжьыгъэм щыхуагъасэ, робототехникэ, шахмат, авиамоделирование хуэдэ дерсхэр ирегъэкIуэкI. Егъэджэ­ныгъэ зэманым къыщыдэхуэм, Азэмэт гъущIым, фэм, пхъэм йолэжь, адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ, пщIантIэм, унэм къыщагъэсэбэп хьэп­шыпхэм хуэIэзэу ахэр ещI. Ауэ езым нэхъ игу дыхьэу, цIыхухэри нэхъ къыщIэупщIэу нобэ и цIэр зыгъэIуар адыгэ сэжьейхэр щIынырщ. 
Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэри пщIэркъым жыхуаIэращи, зи IэдакъэщIхэр Кавказ псом щызэбг­рах Адышэс Азэмэт зэрыцIы­кIурэ хэтщ мы Iуэхум, и IэпщIэлъа­пщIагъымкIэ зэщхь хъужар и адэращ. 
- Нэхъ жыжьэж уIэбэмэ, лъэтеувэ щысхуащIам хьэлыуэ Iэнэм къытесхар уадэщ. УпщIэ псоми я жэуапыр абы хэлъу къысщохъу. Уадэ къыхэсхати, IэпщIэлъапщIэ сыхъуауэ аракъым. АтIэ IэщIагъэр схэлъу сыкъалъхуати, ар нэрылъагъу ищIу уадэ къыхэсхауэ аращ. Мыр цIыхухэм къагу­рыIуэну сыхуейт. Дауэ ахэр зэре­гупсысыр? Лъэтеувэм сабийм къыхих хьэпшыпым елъытауэ IэщIагъэ хуэхъунур къащIэу я гугъэщ. Хьэуэ. НыбжьыщIэр зыгуэрым къыхуигъэщIащи, ар къэ­зыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэр къищтэу аращ. Сыту щхьэпагъ ин пылъынут, мы Iуэхур курыт еджапIэхэм къыщалъытэу щытамэ. Псалъэм папщIэ, школакIуэм и лъэтеувэм къыхихам теухуауэ, IэщIагъэлIхэр къыдэлажьэурэ и зэчийм зрагъэужьу щытамэ. Мис итIанэ дэтхэнэми гъащIэм щиIэ увыпIэр тыншу щызыIэригъэ­хьэфынут, лъэ быдэкIэ тетынут, къыхихам теухуауи IэщIагъэлI телъыджэ хъунут.  
Сэ сыкъапщтэмэ, зэрысщIэжрэ Iэмэпсымэ гуэрхэр сIыгъ зэпытщ. АбыкIэ си адэм ещхь сыхъужауи жыпIэ хъунущ. Ар апхуэдабзэт, машинэ ищIыжми, дыщэм, дыжьыным къыхиIущIыкIIами, и Iэр зэи увыIэртэкъым. Ар Iуэху иIэу дэкIа нэужь, и IункIыбзэмкIэ лъэщапIэр Iусхырти, зыгуэрхэм селэжьу, сэр-сэру зызгъэсэжу сыщIэтт. Абы нэмыщI, ансамбль зэхишауэ, цIыкIухэр игъасэрт си адэм. Лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Iэзагъ бгъэдэлъащ, - къыддогуашэ Азэмэт. 
АдэфIым къыщIэхъуа къуэфIщ ди бысымыр. И унэ лъапсэ зэгъэпэщам хэлъ куэбжэм деж къыщыщIэдзауэ, дахэу дэплъагъуэ псори езым и IэкIэ ищIыжащ, уеблэмэ, хьэщIэщ пэлъытэу иIэ пэшышхуэм фIэлъ люстрэри, сыхьэтри, гъущIым, пхъэм къыхищIыкIри, зыми ямыIэ унэлъащIэу зэригъэпэщащ. 
Iэщэ-фащэкIэ къулей лъэп­къым, сэшхуэ, къамэ, джатэ хуэ­дэхэр зи куэд адыгэм «сэжьейкIэ» зэджэ сэ цIыкIури Iэщэ пэлъытэу зэрихьэрт. Ауэ абы увыпIэ щхьэхуэ щиубыдырт ди лъэпкъым и щыIэныгъэм. Адыгэм къамэр пщIантIэм, пщэ­фIапIэм къыщигъэсэбэпыртэкъым, ауэ былым яукIынуми, Iэнэм къытралъхьэ ерыскъыр яупщIэтэнуми, яIыгъыр сэ цIыкIурат. Сэжьейр иIыгът зекIуэ ежьа адыгэлIым. Ар псынщIэт, тыншт, Iэрыхуэт. 
Адыгэ сэжьейм езым и теплъэ, и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ. Ахэр зыджа, езым хуэдэ IэщIагъэлI­хэм я деж щызэзыгъэщIа Азэмэт нэрылъагъуу къыбгурегъаIуэ адыгэсэр къызэрыпцIыхунур икIи жеIэ ар абхъазхэм, абазэхэм ейм зэрещхьыр, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм я сэкI къэгъэшам къызэрыщхьэщыкIыр. 
- Адыгэ сэжьейр псынщIэщ, сэкI­ри сэ тхьэмпэри захуэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къэбгъэсэбэпыну тыншщ. Арагъэнщ ар илъэс миным щIи­гъуауэ ди лъэпкъми щIызэрахьэр, - жеIэ Азэмэт. - КъэбэрдеймкIэ къыщыщIаха хьэдэмы­фым (мумия) и гъусэу Iэмэпсымэ гуэрхэр къыщIэкIащ щIым. Мис абыхэм яхэлът зи гугъу тщIы сэжьейр, сэм и кIыр щауэ, сэ тхьэмпэр псэууэ, фэми зыри къыщымыщIауэ. 
Абы и ныбжьыр къахутэну иужь щихьэм, илъэс 700 хъууэ къигъэлъэгъуащ къызэрапщытэ Iэ­мэ­псымэм, уеблэмэ а Iэмэ­псымэр нэхъ жыжьэ «плъэфу» щытамэ, нэхъыбэж къигъэлъэ­гъуэнри зыхуэIуа щыIэтэкъым. 
Сэм ирихьэлIэну пкъыгъуэхэр хыв бжьакъуэм, былымыфэм, бзиихум, мэл бжьакъуэм, мамонтым и дзэм къыхех Азэмэт. Ахэр Москва, Якутие, Псыхуабэ, езы Хьэбэз щызыIэрегъэхьэ, Америкэм нэс кърашауэ ди къэралым щащэхэри яхэтщ. Сэ екIум къыдэкIуэу, ар зэрылъ сампIэми йогугъу щIалэр. Бзиихум къы­хэщIыкIа сампIэм былымыфэр требзэжри, тхыпхъэщIыпхъэхэр трещIыхь, фIэдзапIэ цIыкIуи ­хуещIыж, и дамыгъэр тредзэжри, зейм хурегъэхьыж. Азэмэт и ныбжьэгъухэм, и IэдакъэщIэкIыр къэ­зыцIыхуахэм ящыщу зыкъыхуэзыгъазэхэм яхуищIу аращ адыгэ сэ цIыкIур - сэжьейкIэ зэджэр. «Иджыпсту, ди гуапэ зэрыхъущи, шыр, хабзэр, бзэр, щэнхабзэр, адыгэ жыг хадэхэр, Iэщэ-фащэр щIыныр, зехьэныр къагъэщIэрэщIэж. Сэ схуэдэу елэжьхэм, зэфIэкI нэхъыбэж зиIэхэм нэмыщIи, адыгэм нэхъапэм зэрихьа хьэпшыпхэр яIэну хуейуэ, фащэ щатIэгъэну яфIэфIу къытхэтхэм гур хагъа­хъуэ. Сэжьейр япэ дыдэ зы­хуэсщIахэм ящыщщ Туаршы Алий Юрэ и къуэр. Зыкъысхуэзыгъазэхэм я цIэ-унэцIэм и къегъэжьапIэр, е я лъэпкъ дамыгъэр сэ тхьэмпэм тетыныр яфIэфIщ, сэ абы сыхэIэбэркъым, ауэ сампIэм сэ зэрысщIар къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэ тызощIыхь. ДяпэкIэ сыхуейт зэкъуэш республикищым мыбы елэжьу исхэр дызэхыхьэу сэжьейм и патент къыдэтхыну. Адыгэсэм и теп­лъэр, и щIыкIэр, и щхьэхуэныгъэхэр дуней псом къыщацIыхуу, нэгъуэщIхэм яхэмыгъуащэу щытын щхьэкIэ. 
Гур игъэкIуэдыркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм Азэмэт хуэдэ щIалэ IэпщIэлъапщIэхэр, адыгэм и хъугъуэфIыгъуэхэр ­хъумэным, къэгъэщIэрэщIэным елэжьу зэрисым. Ахэр псори зэрощIэ, зэдолажьэ. А щIалэхэрщ нобэ Адышэс Азэмэт чэнджэщакIуэ, гъэсакIуэ хуэхъуауэ ­къилъытэхэр. ФIыщIэ яхуищIу къреIуэ абыхэм я цIэхэри.
Iэнащхьэм телъщ шабзэ екIу, шабзэшэхэр, фэм къыхэщIыкIа шабзалъэ зэгъэпэщар. Ар зи IэдакъэщIэкIыр Азэмэтщ. Шабзэшэхэм япылъхэр 8 - 9 лIэщIы­гъуэхэм яIыгъауэ щIым къыщIахыжахэщ. Адыгэ хьэпшып телъыджэр щищIым щIалэм къы­дэIэпыкъуащ школакIуэхэр. Адышэсым и Iэзагъыр къыдэкIуэтей щIэблэм зэрабгъэдилъхьэм уасэ иIэкъым. Абы курыт еджапIэм щигъасэхэм нэмыщI, езым и лъэщапIэм къакIуэурэ адыгэ IэщIагъэжьым хуэIэрыхуэ защI къуажэдэс цIыкIухэм. 
Азэмэт и мурадщ дяпэкIэ программэ зэхилъхьэу, ныбжьы­щIэхэм гупищу зэщхьэщыхауэ ядэлэжьэну. «Къапщтэмэ, си ­хъуэпсапIэщ Адыгэ пщIантIэ сиIэну, кIыщ хэту, гъэлъэгъуапIэ, еджапIэ пэш хэту, хьэщIэщ, пщэ­фIапIэ, шэщ, жыг хадэ хуэдэхэр щIыгъуу. Ар си щхьэ закъуэкIэ, дауи, схуэщIынукъым. А мура­дыр зыхуэсIуэтауэ дэри зыгуэркIэ щIэгъэкъуэн дыхъуарэт жызыIахэм щхьэкIэ, карточкэ зэзгъэпэщащ», - къыхегъэщ Адышэсым. 
НобэкIэ Азэмэт езым и хьэщIэ­щышхуэм сабийхэм щадола­-жьэ. 
- Псом нэхърэ нэхъыщхьэу адыгэм и тхыдэм, щыIэкIэ-псэу­кIэм, хабзэм теухуауэ тхылъ щы­Iэн, а тхылъым еджэн хуейщ щIалэгъуалэр, армыхъумэ, интернетым ит хъыбарыпцIхэмрэ нэ­гъуэщI лъэпкъхэм къагу­псыс-
­­хэм­рэ щIэблэр щIэппIыкI хъунукъым. ИтIанэ фэм, гъущIым, пхъэм елэжьыфу щытыпхъэщ. Ди сабийхэм хуэдэ щыIэкъым. Ебгъэлъагъу къудеймэ, япэ увыпIэ къахьу ящIыжынущ. Афэ джанэ цIыкIухэм я гъусэу сщIащ сэ. Хьэпшып гуэр щыпщIым деж абы и тхыдэр, и мыхьэнэр, и сэбэпынагъыр яжыбоIэ, апхуэ­дэурэ лъэпкъым къыдекIуэкIа щхьэхуэныгъэхэми уахутопсэ­лъыхь. ГъущI чыданэ зэрышыхьа псыгъуабзэу мин 20 - 25-рэ мэхъу афэ джанэр, быдэщ, ауэ псын­щIэщ, килограмми 3 - 4 и хьэлъагъыу аращ. Нэхъапэм былымы­щхьэу 50-250-рэ щIату щытащ абы, япхуэдизу ягъэлъапIэрти. 
Псом нэхърэ нэхъыщхьэу къэслъытэр, бзэращ. Бзэр лэжьэн хуейщ, бзэр яIурымылъмэ, я Iэми зыри ищIынукъым. Ди Хьэбэз школым сабий 700 щIэсщи, псоми зыгуэрым зыхуагъасэ. Хэт шыкIэпшынэ ещI, хэт йоуэ… Абы уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэ­-къым.
Иджыпсту щIалэгъуалэр интернетым дехьэх, абы хъыбар мышыууэ кърахым щхьэр егъэу­тхъуэ. Адыгэм ятеухуауэ сыт нэхъыбэу илъыр? Къафэрэ джэгурэщ. Нэхъапэм адыгэр губ­гъуэм лажьэу итащ, ищIэнрэ ишхынрэ игъуэту псэуащ. Ди адэжьхэм я IэпщIэлъапщIагъэр тIэкIу IэщIыб тщIауэ, дыкъофэ, доджэгури дызэхэтщ. 
Си лъэпкъ жыгыр зэзгъэпэщыжурэ сыздэлажьэм, Франджым щыпсэу Адышэсхэр къэзгъуэтыжащ. ЩIалэм сыт фщIэхэр жысIэу сыщыхутеуэм, «сэ машинэ сощIыж, си щхьэгъусэр мадэ», - къызжиIат. Дэнэ къыщалъхуами, щыпсэуми, лъым хэтыр зэи кIуэдынукъым. Абы гугъэфIхэр къызет сэ», - къызэщIекъуэж Азэмэт и гупсысэхэр. 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ. Налшык – Черкесск - Хьэбэз.
Поделиться: