Iухыжыгъуэр щIагъэхуабжьэ![]() Урысей Федерацэм и Правительстэвм и УнафэщIым и къуэдзэ Патрушев Дмитрий иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ къэралым и мэкъумэш-промышленнэ комплексыр и къалэнхэм зэрехъулIэ щIыкIэмрэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымрэ теухуа зэIущIэ. «Къэралым и щIыналъэхэм я мэкъумэшыщIэхэр пэрыхьащ гъавэщIэр къехьэлIэжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм. Иджыпсту гъавэу кърахьэлIэжащ тонн мелуан 93-рэ, абы щыщу тонн мелуан 70,5-р гуэдзу. Хьэкъщ, мы гъэм псори зэхэту зэщIакъуэжыну гъавэм и куэдагъыр дунейм и щытыкIам елъытауэ зэрыщытынур. Ауэ, дауэ хъуми, УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм зыхуигъэувы-жа къалэным - гъавэу тонн мелуани 132-рэ къехьэлIэжыным - хущIэкъунущ», - жиIащ Патрушев Дмитрий.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





