Лэскэн щIыналъэри хэтщ

Къэбэрдей-Балкъэрым и Парламентым и депутатхэм я хэхыныгъэхэм Лэскэн щIыналъэм щыпсэухэри жыджэру хэтщ. 

 Лэскэн щIыналъэм хэхыпIэ 11 къыщызэрагъэпэщащ. ЩIыпIэм хэхыныгъэхэм хэтыну цIыху мин 18 щатхащ. Пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щыщIэдзауэ нэхъыжьхэри, щIалэгъуалэри, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэри Iуэхум жыджэру хэтщ, къалъыс жэуаплыныгъэмрэ я къэкIуэнур IэIэтым кърикIуэнумрэ зэрелъытар зыхащIэу. Псом хуэмыдэу щIыналъэм щыпсэу нэхъыжьыфIхэри Iуэхум хуэнабдзэгубдзаплъэу я къалэныр зэрагъэзащIэр гуапэщ, щIэблэм щапхъэ яхуэхъуу. Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэ тетщ хэхыныгъэм и хабзэхэр къызэпамыудыным. Апхуэдэу, хэхыныгъэхэр къыщызэрагъэпэща IуэхущIапIэхэм видеокамерэхэр щагъэуващ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: