Шэджэм щIыналъэм щыпсэухэр![]() Шэджэм щIыналъэм хэхыпIэ 20 къыщызэрагъэпэщащ. Абыхэм цIыху мин 41-м Iэ щаIэтыну Iэмал яIэщ. ЦIыхубэ кIэлъыплъакIуэ 57-м я нэIэ тетщ Iуэхур зэрекIуэкIым. Къэбгъэлъагъуэмэ, Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщызэрагъэпэщащ хэхыпIэ №307-р. Шэджэм щIыналъэм ФизкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и Управленэм Iуэхум ирихьэлIэу спорт зэхьэзэхуэхэр хэхыпIэхэм пэмыжыжьэу зэхиублащ. ХэхакIуэхэр IэIэтым хэтым и мызакъуэу, спорт унэтIыныгъэхэмкIэ зэпеуэхэми я зэфIэкI щеплъыж хъунущ. КъищынэмыщIауэ, щIыналъэм и школхэм футболымрэ волейболымкIэ зэхьэзэхуэхэр щокIуэкI. ХэхыпIэ №327-ми цIыхушхуэ щызэхуэсащ, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм и курыт еджапIэ №3-м пэмыжыжьэу къызэрагъэпэщам. ХэхакIуэхэм папщIэ абы нэгузыужь программэ щагъэхьэзыращ. ЩIыпIэм и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм зэхыхьэ щхьэпэр нэхъри гукъинэж ящI.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2025 - 14:11 →
Гъэлъэхъукъуэ зекIуэхэр
17.07.2025 - 12:56 →
КъелIэлIахэм фIыщIэ хуащI
15.07.2025 - 15:30 →
ГукъэкIыжхэр унагъуэхэм щахъумэ
15.07.2025 - 13:00 →
ЛIэщIыгъуэ зи ныбжь нэхъыжьыфI
15.07.2025 - 12:00 →
БахъэрызекIуэ кхъуафэм и махуэ
|