Ныкъусаныгъэншэу йокIуэкI![]() КъБР-м и Парламентым и депутатхэм я хэхыныгъэхэр Налшык къалэм и курыт еджапIэ №10-м къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ №134-м ныкъусаныгъэншэу щокIуэкI. Iуэхур ирагъэжьащ УФ-м и гимныр ягъэзащIэу. ЦIыхубэ кIэлъыплъакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, хэхыныгъэхэм цIыхушхуэ йокIуалIэ. ЩIыналъэм исхэр Iуэхум жыджэру зэрыхэтыр щыхьэт тохъуэ я пщэдейр я IэкIэ зэраухуэм. Нэхъыщхьэращи, ныкъусаныгъэншэу псори къызэрагъэпэщащ. ХэхыпIэ комиссэм и унафэщI Къантемыр Маринэ зэрыжиIэмкIэ, къалъыс жэуаплыныгъэр, политикэ Iуэхум и мыхьэнэр зыхащIэу, къапэплъэ зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа гугъэфIхэр яIэу цIыхухэр жыджэру IэIэтым хэтщ. НэхъыжьыфIхэри зэхыхьэм къызэрекIуэлIамкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ, хэхыныгъэхэр гугъэфIхэм я къэхъугъэу зэрыщытыр зыщамыгъэгъупщэу.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
10.05.2025 - 12:47 →
Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм
06.05.2025 - 12:05 →
Псори цIыхум и тыншыпIэрщ зыхуэщIар
|