ХэхакIуэхэм концерткIэ яIущIащ![]() «Налшык» санаторэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ №103-м хэхакIуэхэм концерткIэ щыIущIащ икIи ахэр лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ ягъэхьэщIащ. КъБР-м и Избиркомым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, хэхыпIэ №103-м цIыхушхуэ екIуэлIащ. Гу зэрылъатащи, нэхъыбэу IэIэтым хэтар зи ныбжь хэкIуэтахэрщ. Апхуэдэу Iуэхум жыджэру хэтащ Палестинэм щекIуэкI зауэм зи щхьэ къыхэзыха, мы зэманым зыгъэпсэхупlэм щыlэ ди лъэпкъэгъухэри. КъекIуэлIахэр ирагъэплъащ лъэпкъ шхыныгъуэхэм я IэфIагъым. ХэхыпIэм ныкъусаныгъэншэу Iуэхур щрагъэгъэкIуэкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ цIыхубэ кIэлъыплъакIуэхэм, хэхакIуэхэм я нэгу зезыгъэужьа артистхэм, «Родник» къэзакъ хорым. УФ-м и Гимным щIэту пщэдджыжьым сыхьэти 8-м къызэIуаха хэхыпIэр пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-м зэхуащIыжауэ кърикIуахэр щызэхалъхьэж.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
23.04.2025 - 19:20 →
Сом мелард 80-м нэблагъэ
23.04.2025 - 18:00 →
Анэмрэ бынымрэ
23.04.2025 - 16:29 →
ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр
21.04.2025 - 16:15 →
ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым
|