Ветеранхэм я хорым и макъамэм щIэту

Налшык къалэм и хэхыпIэ №158-м IэIэтыр щекIуэкIащ ветеранхэм я «Эстафета» хорым и макъамэм щIэту.

Профсоюзхэм я Федерацэм хэхыпIэр пщэдджыжьым къыщызэIуахащ. Избиркомым и унафэщI Бэгъуэт Хьэмидби зэрыжиIэмкIэ, япэу мы хэхыпIэм къекIуэлIар щIэблэм я гъуэгугъэлъагъуэхэрщ - лэжьыгъэм и ветеранхэрщ.

- Ди хэхыпIэм зэпымыууэ цIыхушхуэ щызэхуос. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар зи фIыгъэр Iуэхум къызыхуэтыншэу зэрызыхуэдгъэхьэзырырщ. Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ дызохъуажэ, акъыл зэхэдзэ дощI, нэгузыужь программи къызыдогъэпэщ. «Эстафета» хорым хэхакIуэхэм я нэгу зрагъэужьащ, усэ къеджэу, уэрэдхэр жаIэу, - къыхигъэщащ Бэгъуэтым. – Хэхыныгъэм хэтахэр IэIэт нэужьым фIыуэ ялъагъу уэрэдхэм едэIуащ, уеблэмэ языныкъуэхэр дежьууэ. 

Хэхыныгъэр шынагъуэншэу икIи ныкъусаныгъэншэу зэфIэкIащ. Абы кърикIуахэр зэхалъхьэж. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: