Гулъытэншэ ящIыркъым![]() «ЕджакIуэ кIуэм дэIэпыкъу» жыхуиIэ урысейпсо Iуэхум ипкъ иткIэ, УФ-м и МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ Управленэм и Жылагъуэ советым хэтхэмрэ зыщIагъэкъуащ дунейм ехыжа я лэжьэгъум и унагъуэм. Дунейм ехыжа, полицэм и лейтенант нэхъыжь Жанатаев Мурат и унагъуэм хуеблэгъащ полицэм и лейтенант нэхъыщIэ Раяновэ Наинэ, УФ-м и МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и 5-нэ взводым и командир, полицэм и лейтенант Мэремкъул Артур, Управленэм и Жылагъуэ советым хэт Газаев Масхут сымэ. Жанатаевым и фызабэ Дианэ сабиищ къыхуэнауэ епI. Хабзэхъумэхэм ныбжьыщIэхэр ягъэгуфIащ, еджапIэм зыщыхуеину хьэпшыпхэмрэ IэфIыкIэрэ хуахьри. ХьэщIэхэр щIэупщIащ унагъуэм исхэм я узыншагъэкIэ, къинэмыщI IуэхугъуэхэмкIэ гукъеуэ щыIэмэ икIи жаIащ сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр. Ахэр сабийхэм ехъуэхъуащ еджэгъуэ илъэсыр къайхъулIэну. - ЕхъулIэныгъэфIхэмкIэ фи анэр вгъэгуфIэ, зэи зыщывмыгъэгъупщэ – дэ дыщыIэщ, сыт къэмыхъуами зыфщIэдгъэкъуэнущ, - жаIащ хабзэхъумэхэм. - Псом нэхърэ нэхъыщхьэрати, гулъытэ къытхуэфщIащ. Щхьэгъусэм къыдэлажьэу щытахэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ сыт щыгъуи къыддоIэпыкъу, Мурат абыхэм я гум зэримыхур хуабжьу си гуапэщ, - къажриIащ абыхэм Дианэ. УФ-м и МВД-м Бахъсэн къалэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр Ислъэмей къуажэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм яхуеблэгъащ иджыблагъэ. Япэ классым кIуащ УФ-м и МВД-м Бахъсэн къалэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и капитан Жынэ Мурат ипхъу нэхъыщIэр. И адэм къыдэлажьэу щытахэр хъыджэбз цIыкIум ехъуэхъуащ курыт еджапIэм зэрыщIэтIысхьамкIэ, саугъэтхэри тыгъэ хуащIащ. - Махуэшхуэхэр щагъэлъапIэм и закъуэ мыхъуу, сыт щыгъуи гулъытэншэ дызэрывмыщIым щхьэкIэ фIыщIэ фхудощI. Дэри сабийхэми гуапэ тщохъу Мурат зэрыфщымыгъупщэр, щымыIэжми, пщIэ зэрыхуэфщIыр, - жаIащ Жынэм и анэмрэ и фызабэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
10.05.2025 - 12:47 →
Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм
06.05.2025 - 12:05 →
Псори цIыхум и тыншыпIэрщ зыхуэщIар
|