Нартыху IэфIым и чэзущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и сату щIыпIэхэм, бэзэрхэм, зэрыжаIэу, дэнэ щIыпIэкIи мы зэманым куэдрэ ущрохьэлIэ нартыху гъэвахэр щащэу. Абыхэм я нэхъыбэр «фошыгъу» нартыху лъэпкъыгъуэм щыщхэрщ. ЗэрыIэфIым имызакъуэу, ахэр иджыри фэ пIащIэщ, щабэщ, шхыгъуафIэщ. Абы нэмыщI, апхуэдэ нартыху лIэужьыгъуэр ягъавэ къудей мыхъуу, атIэ ар иджыри траIуантIэ, гъэщтауи щагъэлъщ.

Ди республикэм щыщыIэ дуней щытыкIэм и фIыгъэкIэ, нартыху IэфIхэр фермер IуэхущIапIэхэми унагъуэхэми зэхуэдэу къыщагъэкI. ЦIыхухэр нэхъыбэу абы зэреджэр «бондюэльщ», апхуэдэ фIэщыгъэ зезыхьэ нартыху лIэужьыгъуэ нобэ щымыIэу щытми. А цIэр къызытехъукIар хадэхэкI фIэIугъэхэр, гъэщтахэр къыщIэзыгъэкIыу Франджым щыIэ IуэхущIапIэрщ. Ауэ ахэр зэрылъ банкIхэм ятетха фIэщыгъэр цIыхухэм я гум къинащи, дэтхэнэ зы нартыху IэфIым щхьэкIи, «бондюэль», жаIэ хъуащ.

Ди республикэм нартыху IэфIыр куэду къыщызыгъэкI щIыналъэхэм я гугъу тщIымэ, ар Бахъсэн, Прохладнэ, Май районхэрщ. Абыхэм а шхыныгъуэ гуакIуэр щащIэну гектар мин бжыгъэхэр хухах.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ нартыху IэфIым елэжь, ахэр гъущI банкIым изылъхьэ «Зеленая компания» консерв заводыр, къыщIигъэкI продукцэм къэралым щыцIэрыIуэ брендым и фIэщыгъэр зэрихьэу. Абы къыхэкIыуи, апхуэдэ шхыныгъуэхэр къыщыфщэхум деж, щхьэпэ хъунщ, ар къыщIэзыгъэкIам техуауэ банкIхэм тетхахэм фыкъеджэмэ.

ХадэхэкI консерву псори зэхэту къэралым къыщыщIагъэкIым и процент 14-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрылъысыр къэбгъэлъагъуэмэ, «Зеленая компания»-м и нартыху IэфIхэр дэнэ щIыпIи ущыIэу зэрызыIэрыбгъэхьэфынум шэч хэлъкъым.

Иджыпсту нартыху IэфIым и Iухыжыгъуэ зэман дахэу аращ. НобэкIэ республикэм консерв банкIыу псори зэхэту щытраIуантIэм и процент 13-р «бондюэль»-м къылъос. Къэбэрдей-Балъкъэрым имызакъуэуи, къэралым и дэтхэнэ зы щIыналъэми щIэупщIэ щиIэщ абы.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: