Пасэрей къалэжьхэрIуэрыIуатэм нобэ къихьэсащ мызэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм ирижьыкIа, щIыхъейм ихьа пасэрей къэралыгъуэ телъыджэхэм я хъыбар. Апхуэдэщ мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну дызыхуей, пасэрей адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ щызэхэзекIуэу щыта къалэжьхэу Киммерик, Акрэ, ДиоскIурей жыхуиIэхэр. Киммерик Мыр алыдж къалэ-къэралу щытащ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ псэуа философхэмрэ тхакIуэхэмрэ зэхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Киммерикыр Мэуэтейрщ здэщыIар, Керч хы тIуащIэм деж къыщыщIэдзауэ, МыутI гуэлым (Iузэв) и Iуфэм зыщиукъуэдияуэ кIэрысу. ЩIэныгъэлIхэмрэ археологхэмрэ къыщIатIыкIыжыну я мураду лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ лъыхъуащ къалэжьым, ауэ ягъуэтакъым. Абы къыдэкIуэу гу лъытапхъэщ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600 гъэхэм, алыджхэр хы ФIыцIэмрэ МыутI гуэлымрэ я Iуфэр щаубыдам, Киммерикыр боспор пщыжьхэм яухуауэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжым. Пэжу, пасэрей Кърымри, Темэнри, Къафэри нобэ зэрытцIыхум хуэдэу щытакъым. Сыту жыпIэмэ, Керч хы тIуащIэм шууэ удэкIыфу хы ФIыцIэр метри 4 - 5-кIэ (нэхъ мащIэ дыдэу) нэхъ чэнжу щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIэдзауэ Кърымым нэс километр 18-кIэ кIуэцIрыкI пшахъуэ лъагъуэр. Аращи, псы Iуфэмрэ тIуащIэмрэ я теплъэм илъэс къэс зэрызихъуэжыр къэплъытэмэ, Киммерикыр здэщытар къэпхутэнуи ар къэптIэщIыжынуи гугъущ. Ауэ пасэрей философхэм зэратхыжамкIэ, ар тIуащIэм укъызэрикIыу, Темэн и гъунапкъэ дыдэм деж щытащ, мывэ къалэкIэ къещIэкIауэ, хьэкхъуафэ дэтIыкIарэ Iуащхьэ IэрыщIхэмкIэ псым щыхъумауэ. Аращи, тIуащIэм и щIыпIэ нэхъ Iузэ дыдэм а къалэм ущылъыхъуэну нэхъ тэмэмт. Пэжу, 18-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ тхыдэтххэм я гугъащ Киммерикыр къуэкIыпIэмкIэ, кавказ Iуфэм Iусауэ. Сыту жыпIэмэ, МыутI гуэлым Iуса лъэпкъыжьхэм тIуащIэм къыхэпIиикI мывэшхуэхэр къыхахыурэ псэуалъэхэр яухуэу къэгъуэрыкIуащ. Псым къыхахыу щыта а мывэхэр пасэрей къалэжьым и къутахуэу хуагъэфащэу арат археологхэм. Ауэ, иужьыIуэкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, тIуащIэм дэкI пшахъуэ лъагъуэм нэхъыбэжу къыщыбогъуэтыж къалэжьхэм я лъэужь, уеблэмэ мрамор щIэгъэкъуэн нэгъунэ къыхопIиикI. Киммерикым ущылъыхъуэн хуейри абдежщ. Акрэ Кърымым нэхъ и гъунэгъуу щыта мы къалэм щхьэкIэ «лъэхъэнэжьым и щэху» жаIэ. Абы тетхыхьащ Страбон, Плиний Нэхъыжьыр, нэгъуэщIхэри. Акрэ здэщытауэ зыхуагъэфащэ щIыпIэ дыдэм деж щыIауэ жаIэ нэгъуэщI пасэрей къалэхэри: Пантикапей, Фанагорие, Китей, Корокондамэ. Ахэр псори лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм щыIащ, языхэзыр къагъуэтыну щыгугъыуи, куэдрэ къалъыхъуащ. Къагъуэтыжар зы закъуэщ – Акрэр. 18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм псэуа академик Паллас П.С. хы ФIыцIэмрэ Керч тIуащIэмрэ я зэпылъыпIэм деж пасэрей къалэ гуэр щытауэ хуигъэфащэу картэм дамыгъэ тригъэуват. Ар Кърымым и ипщэ-къуэкIыпIэ гъунапкъэрт. ИужьыIуэкIэ,19-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм, Дюбрюкс Поль а щIыпIэ дыдэм деж къыщигъуэтащ пасэрей къалэжь гуэрым и къутахуэхэр. Дюбрюкс и къэхутэныгъэр алъандэрэ псори зылъыхъуа Акрэр арауэ игъэIури, илъэси 100-м щIигъукIэ къекIуэкIащ а хъыбарыр. Ауэ 1918 гъэм а къалэжьым и лъабжьэм щIэлъу бдзэжьеящэхэм къагъуэтащ мывэ чырбышышхуэ. Абы тедза тхыгъэр щыхьэт техъуащ а къалэр зэрымы-Акрэм. Ар Китей къалэрат… Страбон итхам тепщIыхьмэ, Акрэр псы лъабжьэм щIэлъщ, «Мэуэтейм и мылхэм гъэр ящIауэ». Ар тегъэщIапIэ пщIырэ, Китейр зытет щIыпIэр зэи зэрымыщтыр къэплъытэмэ, Акрэм ущылъыхъуэн хуейр Керч тIуащIэрщ. Сыту жыпIэмэ, ар екIуэкIыу мэщт щIымахуэм. Пэжу, Плиний етх: «Феодосие и къуэкIыпIэмкIэ къыщылъщ Китей, Зефирий, Акрэ, Нимфей…». Ауэ щыхъукIэ, Акрэр Зефирийрэ Нимфейрэ я зэхуакум дэтащ. А псори зэпашэчу, иджыри зэ ириплъэжа нэужь, щIэныгъэлIхэм жаIащ Акрэр Яныш гуэлым Iус нобэрей Набережнэ къуажэм и лъабжьэм зэрыщIэлъыр. Курыт еджапIэм щIэс Куликов Алексей 1981-1982 гъэхэм а къуажэм и Iэхэлъахэм пасэрей жьгъей Iэбжьыб къыщигъуэтауэ щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр Боспор къэралыгъуэм ди лъэхъэнэм ипэкIэ 375-321 гъэхэм щызекIуэу щыта ахъшэт. ЩIалэ цIыкIум щIэныгъэлIхэм яригъэлъэгъуам ар къыщигъуэта щIыпIэр, икIи 1982 гъэм археологхэм Яныш гуэлым и лъабжьэм щIэлъу къагъуэтыжащ пасэрей Акрэ къалэшхуэр. ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, Акрэр хуэм-хуэмурэ псым щIилъэфащ. Абы щыпсэуахэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ пэщIэтащ псым, Iуащхьэхэр иращIэкIыу, къагъэувыIэн я гугъэу. Щыпэмылъэщым, а щIыпIэм иIэпхъукIащ. Къэлъхъейм и вагъуэ ЩIэныгъэр зэрыщыгъуазэмкIэ, Понт Iуфэм Одессэу тIу щыIащ. Языр псы лъабжьэм щIэлъщ. Акрэуи тIу щыIащ: къалэшхуэрэ псым пикIуэтурэ тIысыжауэ щыта къуажэ цIыкIурэ. Боспоруи тIу щIыIащ: Босфоррэ Кимерий Боспорымрэ. КъызэрыщIэкIымкIи, Севастополри тIу мэхъу: УФ-м и флотыр здэщыIэмрэ Сыхъумрэ… НэгъуэщIу жыпIэмэ, ДиоскIурейрэ. Аращ пасэрей зэманым Сыхъум зэреджэу щытар. Троян зауэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1218 гъэм щIидзам) ипэкIэ Хьэт къэралыгъуэм къикIри, ДиоскIур зэкъуэшитI (Касторрэ Полидевкрэ) хы ФIыцIэм и Iуфэм къалэ щаухуащ, IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ. Къалэм зэкъуэшитIым я лIакъуэцIэр фIащыжащ – ДиоскIурей. Ар нобэрей Сухумращ зыхуэзэр. Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, псы Iуфэм щIыхъей шынагъуэ къыщыхъущ, абы псыдзэ къыкIэлъыкIуэжри, къалэр илъэсащ, ар зытета щIыр гуэщэтри, псы лъабжьэм щIилъэфэжащ. ЗэрыжаIэмкIэ, нобэр къыздэсым псым къыхопIиикI пасэрей ДиоскIурейм и мывэ блынхэмрэ чэщанэхэмрэ. Нобэр къыздэсым Сыхъум и псы Iуфэм уIутщ быдапIэм и къуэкIыпIэ блынхэр.
Поделиться:
Читать также:
03.10.2024 - 10:00 →
Дыгъэм зыбгъазэу Венерэм ублэкIмэ
28.09.2024 - 12:26 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм папщIэ
27.09.2024 - 12:55 →
Африкэм уэс къыщесмэ…
26.09.2024 - 17:57 →
Къуэбыдэ и зы щэху
26.09.2024 - 10:08 →
Ем щахъумэу
|