Африкэм уэс къыщесмэ…

Африкэ Ипщэ Республикэм уэс къыщесащ. ЩIыналъэ фIыцIэм зэи къыщымыхъуа Iуэхугъуэм цIыхухэр зэхэзехуэн зэрищIам имызакъуэу, машинэхэр гъуэгущхьэм тенауэ зэхэтщ, сыхьэт бжыгъэкIэ я пIэм имыкIыфу. Абыхэм щыгъын хуабэрэ шхынрэ лъэсу хуашэ зи кIэн къикIыу унэм къыщIэнахэм.

ЗэрыжаIэмкIэ, ЮАР-м сабий садхэри, курыт еджапIэхэри, еджапIэ нэхъыщхьэхэри зэхуащIащ, гъущI гъуэгухэр уэсым щIигъэнащIи, мафIэгухэр зекIуэжыфыркъым. Арами, языныкъуэ африканхэм гушыIэр я щIасэрэ гъащIэм я гур хузэIухауэ уэскIурийхэр ящI, лыжэ IэрыщIхэр къызэрагъэпэщауэ Iуащхьэхэм къожэх.

ЮАР-м уэсыр жэщ-махуэ псокIэ мыувыIэу къыщесащ, цIыхухэм зэрыжаIэмкIи, зэи апхуэдэ щалъэгъуакъым я щIыналъэм. ЩIымахуэ шэрхъ яIэн хуейуэ зымыщIэ цIыхухэр машинэ зэжьэхэуэ бжыгъэншэхэм хэхуащ.

- Йоханнесбург дыкъикIыу Дурбан дыкIуэу гъуэгу дытету уэсым къригъажьэри, зыщIыпIи дынэмысу ди пIэм динащ. Сыхьэти 8-кIэ дыщытащ. Щхьэгъусэмрэ сабиймрэ сщIыгъут, щIыIэ хъуати, зэрызыдгъэхуэбэжынур къытхуэмыщIэу дыдыкъащ. Щэнейрэ заправкэм лъэIуакIуэ лъэсу сыкIуащ, псы пщтыр тIэкIу сабийм къыхуэсхьыну, дызэдзэкъэн гуэр къэсщэхуну. ЩIы щхьэфэр тещтыкIауэ цIантхъуэрыгъуэти, узекIуэфыртэкъым. Илъэс16 хъуауэ сыщопсэу мы щIыналъэми, апхуэдэ зэи срихьэлIатэкъым. Зи машинэ мыплъу щIыIэм иукIхэр хуабжьу гугъу ехьащ. Ауэ зэрытхузэфIэкIкIэ зыр адрейм дыдэIэпыкъуу, зи машинэ плъыхэм цIыхухэр идгуашэу дызэрыIыгъащ, - жеIэ Урысейм щыщ, ЮАР-м щыпсэу Артём.

Абы ипэкIэ ЮАР телевидением къитат уэс къызэресынкIэ хъунур, ауэ къэралыр апхуэдизу гугъу иригъэхьын я гугъакъым зыми.

Гъэмахуэр хуабэIуэмэ, зэи уэс къыщемыса щIыпIэхэм къыщесмэ, къумым псы ежэххэр къыщыунэхуамэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щы щхьэфэр щызэгуэтхъмэ, сыт и лажьэр ди ЩIым?

Нэхъапэм климатологхэм жаIэрт, хуабэм дунейр къынтIэсынтIэ зэрищIыр, абы кърикIуэнур къызэрыпхуэмыщIэнур, хуэгъэфэщауэ упсэлъэнри зэрыдзыхьщIыгъуэджэр.

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщI Тедрос Аданом Гебрейесус етх: «ЩIым и климатыр зэтекъутащ. Алъандэрэ дызыпэплъар ди нэгу щIокI. Зыгуэр дывгъащIэ!».

Ар пэжу къыщIэкIынущ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум индустрием зэрызригъэубгъурэ, дуней псом ику ит и хуабагъэр градус 1,2-кIэ хэхъуащ. Абы зыгуэркIэ зимыхъуэжмэ, 2100 гъэм ирихьэлIэу градуси 2,7-кIэ нэхъ хуабэж хъуну хуагъэфащэ. Уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъущ абы кърикIуэнкIэ хъунур.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: