Iуащхьэмахуэ телъ мылыр мэткIу

«Европэм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ Iуащхьэм илъэс къэс фIокIуэд мы­лым и зы процент», - жеIэ КъБР-м и ВГИ-м и унафэщI Беккиев Мухътар. ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием географиемкIэ и институтым къызэритымкIэ, 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ Iуащхьэмахуэ телъ мылым и процент 20-р ткIуащ. Ар цIыхум къы­хуэмыгъэувыIэн Iуэху­гъуэщ икIи 2050 гъэхэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ зыгъэдахэ мылым и зэхуэдитIыр къэвыну хуагъэфащэ.

Беккиевым зэрыжиIэмкIэ, а Iуэхугъуэ шынагъуэм щхьэусыгъуэ хуэхъуахэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ къэ­бэкъауэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, и лъабжьэр къы­зэрыплъыр. «2019 гъэм и фокIадэм ди къэхутакIуэхэр, Iуащхьэмахуэ и щыгум вертолёткIэ щхьэ­щыхьэри, зап­лъыхьащ. Пэ­жыр жыпIэмэ, абыхэм къытхуахьа бжыгъэхэм дагъэгузавэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Чугуш жыхуэтIэ мылыр проценти 2,7-кIэ нэхъ мащIэ ­хъуащ иужьрей илъэси 7-м къриубыдэу. Мыпхуэдэ къэп­щытэныгъэхэр илъэс къэс фокIадэм и 19-м ирихьэлIэу идогъэкIуэкI, бжыгъэхэр зэдгъэпщэн папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ: нэгъабэ Iуащ­хьэмахуэ телъа уэ­сым нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ мы гъэм телъыр», - пещэ унафэщIым.
Псоми зэрытщIэщи, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щежэх псыхэм я нэхъыбэр Iуащхьэмахуэ лъапэ деж къыщожьэ, мылхэр къэвурэ, бгым къо­жэх. ЩIэныгъэлI­хэр йогупсыс: мылыр апхуэдизу псынщIэу ткIумэ, абыхэм зэрызагъэнщIыжын уэс къе­мысмэ, псы уэрхэр гъужынукъэ? Ахэр гъужмэ, дауэ ­хъуну ди щIыналъэр?!
«Иджыпсту щыщIэдзауэ зыхыдощIэ ар… Нэхъапэм цIыхухэм тыкуэным псы къы­щащэхуу щытакъым. Иджыпсту, псы къабзэр ап­хуэдизкIэ къыдомэ­щIэкI­ри, бащырбэм иту къыдощэху. Нэрылъагъущ кIуэ пэтми Iуэхур зэрекIэкIуэнур», - пещэ Беккиев Мухътар.
Iуащхьэмахуэ и мылхэр апхуэдизу псынщIэу къы­щывыжкIэ, и лъабжьэр къэплъу щыхуагъэфащэкIэ, къэбэкъауэм и къикIыгъуэу пIэрэ-тIэ?! Беккиевым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ шынагъуэ щыIэкъым нобэ. Ауэ, уна­фэщIым къызэрыхи­гъэ­щым­кIэ, Iуащхьэмахуэ хуэдэ къэбэкъауэхэр напIэзыпIэм къиункIэ мэхъу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту ирилъэсыкIынуи хузэфIэкIынущ.
«ВГИ-м и щIэныгъэлIхэм я закъуэ мыхъуу, Урысейми хамэ къэралхэми я IэщIагъэлIхэр Iуащхьэмахуэ зэпымыууэ кIэлъоплъ. Къэбэ­къауэр къикIынкIэ шынагъуэ щыIэкъым нобэкIэ», - жеIэ абы.
Къыхэгъэщыпхъэщ Iуащ­хьэмахуэ и пасэрей къикIыгъуэхэр щIэныгъэлIхэм зэ­ра­джар. Апхуэдэу абыхэм къахутащ илъэс мини 2 и пэ­кIэ къэбэкъауэр къыщиуам, абы кърипхъа мывэ кIэщхъым сантиметр 90 и лъагагъыу Астрэхъан щIыналъэм зэрытелъэлъар. Уеблэмэ ма­фIэпсыр апхуэдизкIэ шынагъуэу, къаруушхуэ иIэу къи­кIыр­ти, Iуащхьэр зэ­хи­гъэ­щэ­щат. Абы иужькIэ Iуа­щ­­хьэмахуэ щIэрыщIэу къэу­нэ­хужауэ жыпIэ хъунущ: мафIэпс къетIэтIэхар Iуащ­хьэщIэу зэхэдиежауэ аращ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Iуащ­хьэ­махуэ хуэдэ къэбэкъауэхэр зэман куэдкIэ «зэ­ры­жейр», зэ къэушмэ, щIы­налъэшхуэ зэрызэхикъу­тэр. Псалъэм папщIэ, Насып ­Iуащхьэр къиумэ, абы кърихуну мывэ кIэщхъымрэ гъуэ­зымрэ зы сыхьэтым километр 200 зэпичу зэбгрипхъынущ. 

КЪАНЫКЪУЭ Азрэт.
Поделиться: