Егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей Iэмалхэр утыку къыщрахьэ республикэ семинархэр мазитI ипэ курыт еджапIэхэм щекIуэкIащ. Апхуэдэу Къэрэгъэш къуажэм дэт 2-нэ курыт школым къыщызэрагъэпэщащ адыгэхэм я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, щэнхабзэ-тхы-дэ хъугъуэфIыгъуэхэр, адыгэ хабзэр гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ къызэрыщагъэсэбэпым, ахэр зи лъабжьэ цIыху хэтыкIэмрэ шыIэныгъэмрэ ныбжьыщIэхэм зэрыбгъэдалъхьэм теухуа дерс зэIухахэр.
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща а Iуэхум хэтащ къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъАХ-м и Прохладнэ щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэ, уэрэджыIакIуэ Шал Хъусен, музыкант, режиссёр, уэрэдус Къул Амир сымэ, нэгъуэщIхэри.
ХьэщIэхэр хабзэм тету кърагъэблэгъа нэужь, дерсхэр зэрекIуэкIыну щIыкIэхэр яубзыхури, классхэм зэбграшащ. ЕтIуанэ классым щIэс цIыкIухэм ягъэлъэгъуащ адыгэм хьэщIэр зэрыригъэблагъэ, зэрыригъэжьэж хабзэхэр. Ахэр игъэхьэзыращ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ Танэ Мадинэ. НэхъыщIэ классхэм ядэлажьэ Лу Маритэрэ 3-нэ классым и еджакIуэхэмрэ утыку кърахьащ Iуащхьэмахуэ траухуа проект лэжьыгъэр.
Дэ дызрихьэлIа дерсхэм ящыщщ пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ Къумыкъу Iэсият 4-нэ классым щIэс ныбжьыщIэхэм ядригъэкIуэкIар. Ар теухуат адыгэхэм я зэхущытыкIэм, зэбгъэдэтыкIэм, зэпсэлъэкIэм. Адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ я мыхьэнэмрэ ар лъэпкъым къыхэкIа дэтхэнэ зы цIыхуми зэрахьэн зэрыхуеймрэ цIыкIухэм яхутепсэлъыхьу къызэIуихащ Iэсият и дерсыр. Абы къыхигъэщащ адыгагъэм пэжагъыр, укIытэр, гулъытэр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, гъэсэныгъэ хэлъхьэныр къызэрызэщIиубыдэр. Республикэ инновацэ проектым ипкъ иткIэ егъэджакIуэм утыку кърихьа «Адыгэм и цIыху хэтыкIэ» программэм лъабжьэ хуэхъурт адыгэ хабзэм сабийхэми балигъхэми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр цIыкIухэм ягурыгъэIуэныр; ныбжьыщIэхэр цIыху хэтыкIэм егъэсэныр; пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм яIурыль анэдэлъхубзэр нэхъ шэрыуэ щIыныр, нэгъуэщIхэри.
ЕгъэджакIуэр школакIуэхэм щадэлажьэм къапщытэжащ адыгэ фIэхъус ехыкIэхэр, псалъэ гуапэхэр, апхуэдэуи хабзэр зымыгъэзащIэхэр щытыкIэ гугъу зэрихуэр усэхэм, псалъэжьхэм къызэрыхэщыр къагъэлъэгъуащ.
НыбжьыщIэхэм жаIэрт цIыхухэм яку дэлъ пщIэм, нэмысым, гулъытэм куэд зэрелъытар, гуапэу сэлам къозыхым, къыпщIэупщIэм, гулъытэ къыпхуэзыщIым къару къызэрыпхилъхьэр, узэригъэгушхуэр, гъащIэм узэрыщигъэгуфIыкIыр, гуапагъэмрэ нэщхъыфIагъэмрэ адыгэ хабзэм лъабжьэ быдэ зэрыхуэхъур. КъищынэмыщIауэ, дерсым щагъэлъэгъуащ «Шабзэкъур сыткIэ къэпщэхуа?» хъыбар зиIэ псалъэжьым къытращIыкIа теплъэгъуэ. ИкIи ар къазэрыгурыIуар зэпкърахыжащ.
6-нэ классым щIэс щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ а махуэм «нартхэм я хьэщIэт». ЕгъэджакIуэ-библиотекарь Гувэжыкъуэ Жаннэ и гъэсэнхэм къаригъэпщытэжащ нарт хъыбархэр, псалъэзэблэдз ящIыжащ, шэрыуэу анэдэлъхубзэм зэрырипсалъэр, жыджэру зэрызэдэлажьэр, жану зэрыгупсысэр нэрылъагъу тщащIащ еджакIуэхэм.
Адыгэхэр сабийм и гъэсэныгъэм зэрыхущытым, абы и лъэныкъуэкIэ унагъуэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм теухуауэ дерс купщIафIэ хъуат ЩIакъуэныкъуэ Залинэ ейр. 8-нэ классым щIэс ныбжьыщIэхэм удихьэхыу, дахэу ягъэлъэгъуащ адыгэ хабзэм щыщ зы Iыхьэ - гущэхэпхэр. Ахэр игъэхьэзыращ КIашэ Iэсият.
Школым щIэс ныбжьыщIэхэм къызыхэкIа лъэпкъым, унагъуэм теухуауэ ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэри щIэщыгъуэт. Дэтхэнэми езым и зэфIэкI къызэрихькIэ я унагъуэхэм щIэсхэм я сурэтхэр жыг IэрыщIхэм фIадзат. Нэхъ цIыкIу дыдэхэр трагъэпсэлъыхьащ щхьэж и унагъуэ ис сабийхэмрэ балигъхэмрэ я цIэхэм, къалэнхэм, я лэжьыгъэм, н.къ. Абыхэм ядэлэжьар Къумыкъу Маринэрэ Гугу Жаннэрэщ.
Егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей Iэмалхэр утыку къихьэныр IупщIу щагъэлъэгъуащ школым и актовэ пэшым. ПщыукI Ритэ а махуэм игъэлъэгъуащ школым щызэхэт «Хабзэхъумэ» гупжьейм игъэхьэзыра «Лъэпкъ Iей щыIэкъым» дерс зэIухар.
Iуэхур къыщрихьэжьэм егъэджакIуэм къалэну зыхуигъэувыжат ди щIыналъэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэу псэуным нэхъ насып зэрыщымыIэр сабийхэм зыхегъэщIэныр; КъБР-м щызэдэпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр къэгъэлъэгъуэныр; а темэр литературэм къызэрыхэщыр убзыхуныр; лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр и бзэр, и хабзэрауэ зэрыщытыр гъэбелджылыныр; сабийхэм я бзэм, я гупсысэм зегъэужьыныр, нэгъуэщIхэри.
НыбжьыщIэхэр къеджащ лъэпкъым, анэдэлъхубзэм, хэкум теухуауэ адыгэ усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм, къаIуэтащ зэмылъэпкъэгъухэр фIыуэ зэхущытыным, я зэхуаку пщIэ дэлъыным теухуауэ яIэ гупсысэхэр, лъэпкъыр къэпцIыхунымкIэ абы зэрихьэ хабзэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэ хабзэм и кууагъым хуэдэ зиIэ зэрымащIэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэдэпсэу лъэпкъитIым ижь-ижьыж лъандэрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм тепсэлъыхьри, абы и щыхьэту КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ яку дэлъа зэкъуэшыгъэр къыхэщу зэхуатха письмохэм къеджащ щIалэхэр.
Хуабжьу дахэу икIи гукъинэжу, нэпсыр къригъакIуэрэ гум щIыхьэу ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуащ Щомахуэ Амырхъан и «ЗэкъуэшитI» Iуэтэжым щыщ пычыгъуэм къытращIыкIа теплъэгъуэр.
Адыгэм и Iущагъыр къызыхэщ теплъэгъуэт «Адэм и уэсятри». Ар зэхэзыха ныбжьыщIэм зэи щыгъупщэнукъым, уеблэмэ, гъащIэ дерсу къызэрыхуэнэнум шэч хэлъкъым.
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ хэку фIылъагъуныгъэмрэ, лъэпкъыбзэ беймрэ ди цIыху щэджащэхэмрэ - куэдым и гугъу ящIащ а махуэм. ИкIи нэрылъагъут а псом щIапIыкI щIэблэм я нэр зэрылыдымрэ гъащIэм гъуэгу захуэ зэрыщыхашын акъыл къызэрыхахынумрэ.
Прохладнэ щIыналъэ, Иналхьэблэ
(Къэрэгъэш) къуажэ.



Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.