IуэхущIапIэр зрегъэлъагъу

Аруан щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит, щIыпIэ администрацэм Мылъкухэмрэ щIымкIэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэмкIэ и управленэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къанкъул Хьэчим и гъусэу иджыблагъэ щыIащ мыIэрысэм къыхэщIыкIа мэрзей къыщыщIагъэкI «Пастилушка» IуэхущIапIэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ ар и къалэнхэм зэрехъулIэ щIыкIэр икIи IущIахэщ абы и унафэщI Къунаш Елдар.

IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр 2013 гъэм иригъэжьауэ аращ икIи республикэм япэу мэрзей къыщыщIэзыгъэкIын щIэзыдзахэм яхэтщ. IуэхущIапIэм ар зэрызэхилъхьэр езым и IэмалкIэщ, адрейхэми ещхькъым. МыIэрысэм елэжьыным къыщыщIэдзауэ ар мэрзей хъухункIэ абы пыщIа Iуэху псори мыбдежым щызэфIагъэкI. IуэхущIапIэр зы сыхьэтым къриубыдэу мыIэрысэ тонн мин 20000 зэрегъэкIуэкI.

«Пастилушка»-м къыщIигъэкI продукцэр ди республикэм имызакъуэу, къэралым и нэгъуэщI щIыналъэ куэдми къыщацIыху. Ахэр нэхъыбэу зыIэрыхьэр сату щIыпIэшхуэхэрщ, апхуэдэуи мэрзейр ОЗОН-мрэ Вайлдберризымрэ я маркетплейсхэми щащэ. Продукцэм и фIагъыр ерыскъым ехьэлIауэ щыIэ «ХАССП» дунейпсо мардэм йозагъэ.

ЩIыналъэм и экономикэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэм яхэтщ «Пастилушка»-р. Иджыпсту IуэхущIапIэм цIыху 50 щолажьэ, зыхуэфащэ щIэныгъэ ябгъэдэлъу, я нэхъыбэри Аруан районым щыщу.

ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит илъэгъуахэмкIэ арэзы хъуащ икIи IуэхущIапIэм и унафэщIым ехъуэхъуащ адэкIи заужьыну, хэхъуэ куэд яIэну.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: