ПсыщIагъ бгыхэрТенджыз абрагъуэхэм я щIагъхэм псыщIагъ бгыхэм ущрихьэлIэнкIэ хъунущ. Абыхэм я бжыгъэр ящIэркъым, я инагъ-лъагагъкIи, теплъэкIи, задагъкIи куэду зэщхьэщокI. ПсыщIагъ бгыхэр картэм къыщыгъэлъэгъуауэ ущрихьэлIэнур зэзэмызэщ. Сыту жыпIэмэ, ахэр къэплъагъуныр, къэпхуэтэныр тыншкъым. Апхуэдэ бгыхэм узыщрихьэлIэнкIэ хъунур къыпхуэщIэнукъым. Абы къыхэкIыу, кхъухькIэ тенджызым техьэхэр абыхэм лъэпощхьэпо щыхагъахуи къохъу. ПсыщIагъ бгыхэм уеблэмэ яхэтщ къэбэкъауэ къызибыргъукIи . Ари хым тетхэм я дежкIэ шынагъуэщ. ПсыщIагъ бгыхэр, зэрыхабзэу, псы щхьэфэм къэсыркъым. Апхуэдэхэм я нэхъыбэр къэунэхуауэ, я инагъми хэхъуауэ къалъытэ къэбэкъауэ къэхъугъэм къыхэкIыу. МафIэпс (лава) пщтырыр псым хэлъадэурэ, IуащхьэщIэхэр къэунэхуащ. Iуащхьэхэр псы гущIыIум къакIуэ хъужыкъуэмэ, абы псыщIагъ бгыкIэ уеджэжыркъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, къэунэхуа хытIыгухэр щыIэщ, псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщщ Гавай, Канар, Кариб, Бали хытIыгухэр.
Поделиться:
Читать также:
05.11.2024 - 14:00 →
Псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъхэм пэрохьэ
04.11.2024 - 10:11 →
ЗэгурыIуэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым
03.11.2024 - 12:39 →
ЦIыху къабзэу дунейм тета
31.10.2024 - 15:43 →
Фэшх-лышхымрэ дэрэ
30.10.2024 - 16:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лэжьыгъэр къалъытэ
|