Республикэм щыпсэухэр зэхуэгуэпэным, зэгурыIуэ яку дэлъыным, зым и щэнхабзэм и дахагъэм адрейм гу лъитэным, зым и литературэм адрейм пщIэ хуищIыным хуэгъэпса Iуэху дахэ щекIуэкIащ Налшык. ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ипэ къихуэу къызэрагъэпэщам хэлът гуапагъи, псэ хуабагъи, къыхэпхырт гукъыдэжи. Нэхъыбэу мыр зыхуэгъэзари щIэблэрт, Iэмалу къыщыгъэсэбэпари псалъэм и къарурт.
Налшык Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я унэм щекIуэкIащ адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ усэ къеджэнымкIэ «Наследие Кавказа» зыфIаща зэпеуэр. Ар «Помоги ближнему» жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщащ «Дызэгъусэщ» проектым хэту. ДэIэпыкъуэгъу хъуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр.
Мы зэпеуэр илъэс къэс йокIуэкI, и Iэмалхэм нэхъри заубгъуу, щIалэгъуалэу нэхъыбэ къекIуалIэу. Абы щызэпоуэ илъэс 14 - 35 -рэ ныбжьым итхэр.
- Дыхуейщ мы Iуэхугъуэр зэгурыIуэныгъэм, мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм, зэхудэчыхым ухуэзышэ зы лъэбакъуэ хъуну. ДыкъызыхэкIа лъэпкъ, ди дин емылъытауэ, республикэм, къэралым щыпсэухэр дызэгурыIуэн хуейщ. Абы хуэгъэпса Iуэхур къыддиIыгъащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм.
ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ республикэм щекIуэкI хабзэщ абы теухуа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр. Iэмал зэхуэмыдэхэр сэбэп мэхъу лъэпкъхэр нэхъ гъунэгъу икIи зэхуэгуапэ зэхуэщIынымкIэ. Псалъэм папщIэ, ди зэгухьэныгъэм апхуэдэ зы Iуэхуу иригъэкIуэкIауэ щытащ «Ныбжьэгъугъэм и пщэфIапIэ» Iуэхугъуэр. Налшык ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм иIэ «Усыгъэм и алееми» ди зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэ хэлъщ. Тхылъ зэIуха теплъэхэм адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, урысыбзэкIи усэ сатыр нэхъыфIхэр тетщ - абы ди паркыр егъэдахэ, цIыхухэр къэувыIэурэ усэхэм къоджэ, гукIэ жаIэ.
Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ. Зы къэралым дыщопсэу. Апхуэдэу щыхъукIэ, дызэгурымыIуэу дыкъызэдэгъуэгурыкIуэфынукъым. Сыт ди зэхущытыкIэхэр ефIэкIуэн папщIэ щIапхъэр жыфIэмэ, дызэрыцIыхун, зым и хабзэ-щэнхабзэхэр ад-рейм илъытэн, пщIэ хуищIын хуейщ. Дэ тпэгъунэгъуу псэу лъэпкъ щхьэхуэм екIуу е емы- кIуу къилъытэхэр тщIэмэ, абы фIымрэ Iеймрэ зэрызэхигъэкI Iэмалхэм дыщыгъуазэмэ, и щэнхабзэр гурыхь зыщI Iуэхугъуэхэр зэдгъэлъагъумэ, а псоми дэ хэтлъэгъуэфынущ дахагъэ. Нобэрей пшыхь-зэпеуэри апхуэдэ гупсысэхэр къызыхэщ зы Iуэхугъуэщ. ФIы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэм зегъэхъуэжыным хуэунэтIащ.
Ди гуапэщ, нобэ усэ къеджэнухэм я гур хуиту утыкум щаутIыпщрэ, усыгъэм и къарур зэрызыхащIэр дагъэлъагъуфмэ, - жиIащ Iуэхум и зэхэублакIуэ, «Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Сыжажэ Алим.
Iуэхум хэтхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, ар зи проектхэм фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэ-дзэ Тау Ритэ.
- Иджыри илъэсипщI хуэдиз ипэкIэ, сурэт гъуазджэхэмкIэ музейм IэнатIэ сыщыщыIутым, «Помоги ближнему» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэм сыщыгъуазэт. Мы зэманым абы и къару къихь лэжьыгъэхэм жэрдэмщIакIуэхэр тепсэлъыхьырт, ахэр зэрызэхуагъэхъунур, нэхъ дахэ, щхьэпэ зэращIынур ягъэбелджылыуэ. Я япэрей зэIущIэхэм ящыщ зы музейм щекIуэкIауи щытащ. Мис абы лъандэрэ щыIэщ мы зэпеуэри, илъэс къэс абы хэтхэм къахохъуэ, куэдым я гум зэрыдыхьам и щыхьэту. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, мы зэгухьэныгъэм сыт хуэдэ Iуэху иригъажьэми, дэтхэнэри нэсу зэригъэзащIэр, зэригъэкIуатэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми и мыхьэнэр инщ ди республикэм дежкIэ. «Наследие Кавказа» зэпеуэм бзэм теухуауэ игъэза-щIэ къалэныр щхьэхуэу къыхэбгъэщ хъунущ. Дыщыгъуазэщ лъэпкъ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэхэр мы зэманым псом хуэмыдэжу гулъытэ зэрыхуэныкъуэр. АтIэ дэ псоми дэлъытащ а бзэ-хэр щыIэн-щымыIэныр, щIэблэм ар зэраIурылъынур зыхуэдизыр. Усэбзэр анэдэлъхубзэр зарахъумэ зы Iэмалщ абы и IуэхукIэ, - жиIащ Тау Ритэ. Зэпеуэм къэкIуахэм яжриIащ абы зэрыхэ-тым, дахагъэ я гум къызэрыщигъэушым зэрыщыгуфIыкIыр:
- Усэ къеджэну гупыж зыщIа ныбжьыщIэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ фIыщIэ фхузощI. Псоми къыдгуроIуэ, щIэблэр анэдэлъхубзэм дегъэхьэхыным, ар хуиту ягъэшэрыуэным, абыкIэ тхылъ къеджэным, гупсысэным егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэшхуэ зэрыхэ-лъыр икIи лъэпкъым теухуауэ гудзакъэ уиIэмэщ а къалэн гугъум ущыпэлъэщынур.
«Наследие Кавказа» зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, абы хэтхэр гуапэу къригъэблэгъащ Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я унэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ.
- Гум куэд илърэ ар нэсу къыщытхуэмыIуатэм деж, куэдрэ къохъу усэбзэм зыщыхуэдгъазэ. Сатырхэм къахыдох ди гупсысэхэм къапэджэжхэр, арэзы дызытехъуэхэр, дызытхьэкъухэр. Нобэ мы зэпеуэм хэт ныбжьыщIэхэм Iэмал фиIэщ усэбзэм и хуабагъэр зэрызыхэфщIэр къывэдаIуэхэм я деж нэфхьэсыну. ЕхъулIэныгъэ фиIэну, фи гукъыдэжым хэхъуэну сынывохъуэхъу! - жиIащ Аксанэ.
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ ЩоджэнцIыкIу Алий и фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, «Заман» газетым и лэжьакIуэ Османов Хьэсэ, балъкъэрыбзэмкIэ егъэджакIуэ Чеченовэ Ариужан, усакIуэхэу Мазуренкэ Маринэрэ Гугъуэт Заремэрэ. КъэпщытакIуэ гупым я унафэщIу щытащ Тау Ритэ.
УрысыбзэкIэ усэ къеджахэм я деж япэ увыпIэ къыщихьащ Ныбэжь Малик. ЕтIуанэ хъуащ Примак Ольгэ. Ещанэ увыпIэр лъысащ Ливенцовэ Анастасие. Адыгэбзэ гупым я деж щытекIуащ Къармэ Даринэ. Зэгъэщтокъуэ Алинэ - етIуанэ, ХъуэкIуэн Алинэ - ещанэ хъуахэщ. Балъкъэр гупым я деж япэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ Цепишевэ Эльвирэ. Эфендиевэ Джамилэ етIуанэ увыпIэр Iэрыхьащ, Толгуровэ Камилэ ещанэ хъуащ.
ТекIуахэм иратащ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ, зэпеуэм зэрыхэтамкIэ сертификатхэр.
ТекIуахэмрэ ехъулIэныгъэ зиIахэмрэ ехъуэхъуащ къэпщытакIуэ гупым хэтахэр.
- Мы Iуэхум хэта дэтхэнэми но-бэ текIуэныгъэр фи Iэрылъхьэу къэплъытэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, фи утыку итыкIэмкIэ, усэ къеджэкIэмкIэ, фащэ дахэхэмкIэ дыдэфхьэхащ. Чэнджэщу фэстыну сыхуейт: дяпэкIэ зэпеуэм фыщыхыхьэкIэ, фыкъызэджэну усэхэр фэ езым фи гумрэ фи псэмрэ дыхьэу къыхэфхыну. ЕтIуанэ гъуэгу мыпхуэдэ зэпеуэ дыщызэIущIэмэ, фIыуэ флъагъу усакIуэрэ фIыуэ флъагъу усэрэ щхьэж фиIэу дызэрихьэлIэмэ, фIыт! - жиIащ ЩоджэнцIыкIу Леонид.
- Мыпхуэдэ зэпеуэ дахэм ныбжьыщIэ куэд зэрыхэтар псом хуэмыдэу си гуапэ хъуащ. Ди пащхьэ зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр фIы защIэт, уахэдэнуи гугъут. Ауэ дэ фIым я фIыжхэр къэдгъэлъэгъуащ, дауэ хъуми, - жиIащ Османов Хьэсэ.
«Помоги ближнему» жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр къэпщытакIуэхэм яритащ Сыжажэ Алим. Абы фIыщIэ яхуищIащ Iуэхум хэта дэтхэнэми: дэIэпыкъуэгъу хъуа IуэхущIапIэхэм, усэ къеджа ныбжьыщIэхэм, къеджэкIэр къэзыпщытахэм.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.